Урысейпсо кинофестивалыр Налшык щокIуэкI

Налшык и Музыкэ театрым жэпуэгъуэм и 27-м къы­щы­зэIуахащ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр - илъэси 100» урысейпсо кинофестивалыр, респуб­ликэм и къэралыгъуэр къы­зэрыунэхурэ илъэси 100 зэ­рырикъум траухуар. Коронавирус уз зэрыцIалэм и зэ­ранкIэ щIыналъэм щыщыIэ щытыкIэр нэхъыкIэ зэры­хъуам къыхэкIыу ар зэпэ­Iэ­щIэу (онлайн Iэмалым тету) къызэрагъэпэщ.

- Зи чэзу урысейпсо кинофестивалыр Налшык къыщы­зэIудох. ГъащIэм куэдрэ ущ­рохьэлIэ политикхэм нэхърэ ­гъуазджэм и цIыхухэм зэфIэкI нэхъыбэ къыщызэкъуах. ЦIы­хупсэхэр гъунэгъу зэхуэхъунымкIэ артистхэр дэIэпыкъуэгъу щыхъукIэ, абыхэм яку зэныбжьэгъугъэ къыдохъуэ. Языныкъуэхэм зэхамыщIыкIми, мы иджырей фестивалыр и щы­хьэтщ цIыхухэм ди зэкъуэты­ныгъэр, щэнхабзэмрэ гъуаз­джэмрэ зегъэужьыныр, зыр адрейм гуфIэгъуэрэ дахагъэ­кIэкIэ дэгуэшэныр, хьэщIагъэ кIэ­лъызехьэныр зы узыфэми эпидемиеми зэрызэпамыу­дыфынум. НэкIуIупхъуэхэр зы­Iув­гъэ­лъыну, вакцинэр зы­хевгъалъхьэу зыфхъумэжыну псори фыкъыхузоджэ, - жиIащ республикэм щэнхабзэмкIэ и ­министр Къумахуэ Мухьэдин ­пшы­хьыр къыщызэIуихым. 
Налшык щекIуэкIыр дуней­псо щэнхабзэ Iуэху дахэ хъуащ. Музыкэ театрым и утыкум республикэм щыпсэухэмрэ и хьэ­щIэхэмрэ зыкъыщыхуагъэзащ УФ-м и цIыхубэ артисткэ Рязановэ Раисэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Кириенкэ Зинаидэ, УФ-м и цIыхубэ артист Скляр Игорь, Урысейм щIыхь зиIэ и артистхэу Колесников Сергейрэ Кюрдзидис Эвклидрэ, актёр цIэрыIуэхэу Запорожский Макар, Сагдулаев Рустам, Орлянский Пауль сымэ. 
Апхуэдэу къытхуеблэгъащ Германием, Къэзахъстаным, Уз­бекистаным, Армением, Беларуссием я кинематографистхэр. Актёр Колосов Максим гъэхуауэ къеджащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ уса­кIуэ­хэу КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ я усэ купщIафIэ­-хэм. 
Зэраубзыхуам тету, фестивалым и программэм хыхьэу ­театрымрэ киномрэ я артистхэм ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым концерт гукъи­нэжхэр щатынущ. Кинофестивалым щагъэлъэгъуэнущ «Амур­ская осень» фестивалым и саугъэт нэхъыщхьэр зы­хуагъэфэща «Райцентр», Вене­цием щекIуэкIа фестивалым щагъэлъэгъуа «Яблоки», «Вос­ток - Запад. Золотая арка» дунейпсо кинофестивалым «Дебют нэхъыщхьэ» унэтIыныгъэм лауреат щыхъуа «Начало» лэ­жьыгъэхэр, «Весури», «Детство Чика», «Жаным, ты не поверишь», «Красный призрак», «Ма­ленький воин», «Ничей», «Под гнездом аиста» фильм­хэр, «Пограничное состояние» киноальманахыр, цIыхубэм фIы­уэ ялъэгъуа нэгъуэщI лэ­жьыгъэхэр. Абыхэм еплъыну Iэмал яIэщ уз зэрыцIалэм зэ­ры­пэщIэт хабзэхэр зыгъэзащIэ­хэм.
- Фестивалыр - киногъэлъэгъуэныгъэ къудейкъым, атIэ Урысей Федерацэм и теат­рым­рэ киномрэ я артистхэм я зэIущIэхэр, концерт гукъинэжхэр, актёр IэзагъэхэмкIэ мастер-классхэр, республикэм и район зэмылIэужьыгъуэхэм къыщы­зэрагъэпэщыну зэхыхьэ гукъи­нэжхэр къызэщIэзыубыдэ Iуэ­ху­гъуэ дахэщ, - жиIащ зэхуэсым и унафэщI, продюсер икIи киновед Новожилов Сергей. 
Фестивалыр жэпуэгъуэм и 31 пщIондэ зэхэтынущ. Ар щызэ­хуащIыжыну иужьрей гуфIэ­гъуэ пшыхьыр игъэдэхэн пап­щIэ Минск къикIыу Налшык къытхуеблэгъэнущ «Чистый голос» белорус уэрэджыIакIуэ гупым хэт Тышко Аким.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министерствэм и YouTube-каналымрэ республикэм и «1 КъБР» телеканалымкIэ кинофестивалым иращIэкI пшыхьхэр къы­зэ­рыщатым пащэнущ. 
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: