ЦIыху насыпыфIэм и гъащIэ гъуэгу

Нобэ нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцIыхуну ди мурад Щауэ Тимур усакIуэу зыкъимылъытэжу жеIэ, Урысейм къызэрыщацIыхур зытегъэпсам техуэ и уэрэд шэрыуэхэмкIэщ.

«Сэ 1964 гъэм бадзэуэгъуэм и 14-м Кавказ лъапэм деж щылъ Черкесск къалэ щхъуантIэ цIыкIум сыкъыщалъхуащ, - зэи зэримыгъэтIылъэкI гушыIэр и Iэпэгъуу къеIуэтэж и гъащIэр Щауэм. - СыкъызыхэкIа унагъуэр лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм и дамыгъэт - си адэр адыгэщ, си анэр нэгъуейщ. Ауэ япэ интернационалисту ди унагъуэм исар муслъымэныгъэм кърит хуитыныгъэм ипкъ иткIэ щхьэгъусиплI зиIа си адэм и адэшхуэ Джэмилт. ЦIыхубзиплIри лъэпкъ зырызым щыщт: зыр адыгэт, адрейр абазэт, ещанэр урыст, еплIанэр къэрэшейт. Унагъуэм илъ хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, псори хъарзынэу зэгурыIуэрт. Азэмэт-Джэрий зи цIэ си адэшхуэр Дзэ Хужьым зэрыхэтам щхьэкIэ 1933 гъэм ягъэкIуэдауэ щытащ. Си анэшхуэм сабииплI къызэрыхуэнам нэмыщI, зипкъ къыдэмыбз зеиншэ цIыкIу зришэлIат и дыщым щыщу. ЯгъэкIуэдам зэрищхьэгъусэм щхьэкIэ, ар колхозым къыхахужат, узэрыхуейуэ псэу жыхуаIэу. ЗэманыфI дэкIа нэужьщ къыщысщIар Щауэхэ адыгэ-шэрджэс уэркъ лIакъуэу зэрыщытыр. Ар ди адэ-анэхэм тщабзыщIырт, къыджьэдэхумэ, фIы зэрыщIэдмыхынур ящIэрти. Си щхьэгъусэр куржыщи, мэгушыIэ: «Фэ, адыгэхэм, щхьэл зиIэ псори пщыуэ къыфщохъу». ИкIи пэжщ: лъэпкъыр къызыдэкIа Зеикъуэ къуажэжьым щхьэл щыдиIащ. Си ныбжь хэкIуатэмэ, ди мылъкур къызатыжыну япэзубыдынщ, дищIхэр къатесхыжынщ, щхьэл зэфIэзгъэувэжынщи, хэт ищIэрэ, хьэжыгъэм хужь ищIа пащIэшхуэ зытет щхьэлтет вэгъзэгъ къысхэкIынкIи хъунщ.

Си анэмкIэ си адэшхуэ Джанибеков Абдул-Хьэмид цIыху къызэрымыкIуэу щытауэ жаIэ. Ар нэгъуей лъэпкъым и узэщIакIуэт, IуэрыIуатэджт, тхыдэтхт икIи тхакIуэт. Iэщыхъуэ тхьэмыщкIэхэм я бынхэм папщIэ япэ еджапIэхэр Iэщтырхъан губернием къыщызэIуихауэ щытащ абы, езым урысыбзэр щригъэджу. Журнал къыдигъэкIыу, тхылъ тедзапIэм и унафэщIу щытащ. Абы итха пьесэхэр Iэщтырхъан театрым щагъэувауэ яIуэтэж. Иджыпсту зекIуэ нэгъуей алыфбейр зэхэзылъхьэу нэгъуей тхыбзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъар аращ. Iэщтырхъан областми Дагъыстэнми абы и цIэр зезыхьэ еджапIэхэр щыIэщ, гъэ къэс «Джанибековым и фэеплъ еджэныгъэхэр» щрагъэкIуэкIыу.

Ауэ сэ абыхэм сыкIуэну соукIытэ, нэгъуеибзэкIэ «хъырц» зэрызмыщIэм къыхэкIыу. АдыгэбзэкIи сынэхъ щIагъуэкъым. Си жагъуэ мэхъу ар. Толстойм, Достоевскэм, Пушкиным я щIэблэу хамэ къэралхэм щыпсэухэм урысыбзэ ямыщIэу жаIэри, абыкIэ си гур согъэфI.

Адэшхуэм срихьэлIакъым, анэшхуэр пшагъуэ-пшагъуэу си нэгу къыщIоувэж. Зы анэшхуэ Iэминат - тэтэрт, адрей Хьэлимэт - шэрджэст. ЗэрыжаIэжымкIэ, илъэсищ сыхъуху - Хьэлимэт-нанэ псэуху - къысIурылъэлъу адыгэбзэкIэ сыпсалъэу щытащ.

Шэч хэлъкъым гъащIэм къыщызэхъулIа псомкIи си адэ-анэм я щIыхуэ зэрыстелъым. Дунейм сыкъызэрытехьам и мызакъуэу, хъу-мыхъуми цIыху къызэрысхэкIар ахэращ зи фIыгъэр.

 Си адэ СулътIан Азэмэт-Джэрий и къуэр и IэщIагъэкIэ инженер-конструкторт, Черкесск дэт заводым щылэжьащ и гъащIэ псом. Куэдым зэрыдихьэхыр сыт щыгъуи згъэщIагъуэрт. Сыт хуэдэ зэмани еджэ зэпытт зытеухуа IуэхукIэ фIыуэ зэщхьэщыкI тхылъхэм: «Кристаллография», «Гъудэхэмрэ хъумпIэцIэджхэмрэ», «Ноосфера», «Теориер зи лъабжьэ физикэ», «КъэщIэрэщIэжыгъуэм и тхыдэр», къинэмыщIхэр. Ди адэр пхыплъыкIэ куу зиIэ цIыхут. Си къуэшымрэ сэрэ зэхэтщIыхь къомыр, ныбжьыщIэ дыхъуа нэужь, зыгуэр пхыдгъэкIын щхьэкIэ зэIутщэхэр асыхьэтым къыщIигъэщырт. Ауэ Iуэху ищIу зэ диубэрэжьыфакъым. ЩыуагъэнкIи хъунщ. Шахмат джэгуным дригъасэрт. Унагъуэм ис зэраншухэр есэп щIэныгъэхэм хуегъэджэныр зи пщэрылъыр арат.

 Гуманитар щIэныгъэхэр ди анэм и пщэ дэлът. Абы МГУ-р къиухат, аспирантурэм щеджат, диссертацэ пхигъэкIат. Къэрэшей-Шэрджэсым ТхыдэмкIэ, щэнхабзэмкIэ, литературэмкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщIу лажьэрт. ЦIыхубэ лэжьакIуэт, депутатт, сытым дежи зыгуэрым дэIэпыкъурт.
 ЦIыхухэм зыгуэр ящигъэпсынщIэн зыфIэфI цIыхуфIт, цIыху нэхут. Я гъащIэ псом ди адэмрэ ди анэмрэ библиотекэшхуэ зэхуахьэсати, си къуэшымрэ сэрэ абы «дыщыхъуакIуэурэ» дыкъэтэджащ.
Апхуэдэ унагъуэм щхьэкъэбу укъыщыхъуныр емыкIут. ФIыуэ седжэрт, Ставрополь дэт мединститутыр къэзухащ. ЩIалэгъуэ- псынщIэгъуэм дыхьэулеинуи деджэнуи дыхунэсырт. Студент КВН-хэр, япэрей уэрэдхэр, фестивалхэр - псори зэпхар Ставропольщ. Лэжьэн щыщIэздзар Черкесскщ, областым и сымаджэщым.
 ИтIанэ Инжыдж ЦIыкIу сыщылэжьэну сагъэкIуащ. Сабий цIынэ зыIэщIэлъ си щхьэгъусэмрэ сэрэ япэщIыкIэ псы зыщIэмыша икIи ямыгъэплъ къуажэ унэ цIыкIу дыщIэсащ. Дзыгъуэхэри къыддэпсэурт. Си щхьэгъусэр, телъэщIауэ жыпIэмэ, егъэлеяуэ дзыгъуэхэм ящошынэ. Террористхэр, псыдзэ-мафIэсхэр, уз зэрыцIалэхэр сытым щыщ, дзыгъуэхэм елъытауэ? Арати, сэ сыщыщIэкIхэм деж сабийр къищтэрт, Iэнэм дэпщейрти, сыкъэкIуэжыху абы тест. ИужькIэ унафэщIхэм ягу къытщIэгъури, Архъыз Ищхъэрэм зы пэш хъу фэтэр къыщыдатауэ щытащ.

 1996 гъэм «Мэзкуу щхьэгъубжэхэр» зыфIаща уэрэджыIакIуэ зэпеуэм си уэрэдхэр зытет кассетэ езгъэхьа нэужь, гу къыслъатэри Мэзкуу сраджащ. Абдеж къыщыщIэдзауэ ежьащ: концертхэр, уэрэд егъэтхынхэр, радио-интервьюхэр, телевиденэм срагъэхьэни щIадзащ.

 Уэрэд жыIэнымрэ дохутыр IэзэкIэмрэ здэсхьыну сыхэтащ зыкъомрэ. Ауэ 1999 гъэм тIум я зыр къыхэзмыхыу хъунутэкъыми, Мэзкуу пэгъунэгъуу Дубнэ къалэм сыIэпхъуащ. Абы си къуэш нэхъыжь Мурат дэсщ, психиатр-дохутыру щылажьэу. Сэ сыт щыгъуи абы ещхь сыхъуным сыхуеIэ зэпытт. ДыщыцIыкIум зэ закъуэ сиубэрэжьауэ щытащ. Схуэфащэт, а дерсыр зэи сигу ихужакъым. ПхуэмыIуэтэн хуэдизкIэ сэ нэхърэ нэхъыфIщ си къуэшыр.

 Иджыпсту Мэзкуу сыщопсэу. Илъэс тIощI хъуауэ сыунагъуэлI насыпыфIэщ, сабиищ сиIэщ. Сымыщхьэхмэ, уэрэд сотх. Къысхуэвгъэгъу си щхьэм щхьэкIэ куэд зэрыжызмыIэфар, мы тхыгъэри щIызэхэслъхьар сыкъызыхэкIар наIуэ къэсщIын папщIэщ. Гум къинэжыр, си къуэшхэ, Iуэхушхуэщ».

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: