Уафэмрэ ЩIылъэмрэ щызэIущIэр джэгурщ

ЦIыху куэд зыхэт махуэщI (тхьэлъэIу) лIэужьыгъуэщ. Джэгум хохьэ къафэ, удж, уэрэд, шыгъажэ, зэпеуэ зэхуэмыдэхэр, нэгъуэщIхэри. Джэгу лIэужьыгъуэу хъуар къанэ щымыIэу къежьащ тхьэхэр зэрагъэлъапIэ Iэмалу, тхьэлъэIухэм я зы Iыхьэу. АбыкIэ щыхьэт наIуэу щытщ, псалъэм папщIэ, Щыблэуджыр, тхьэгъэлъапIэ джэгухэр (Тхьэшхуэуджыр), нэгъуэщIхэри. Мыпхуэдэ джэгу лIэужьыгъуэхэм пшыналъэри, уджри, къафэри, хъуэхъури, лъэIури зэщIэту къакIуэ хабзэт. А псоми къалэну яIэр зыщ: тхьэр яIэту фIы зыхурагъэщIэну аращ.
 ИужькIэ джэгухэм нэгузыужь, зэштегъэу къалэнхэри яIэ хъуащ. Апхуэдэу джэгу ящI хабзэщ сабий къыщыхъукIэ, нысэишыжым, щIыхьэхум (псалъэм папщIэ, мэкъуауэ щIыхьэху джэгу), тхьэлъэIухэм (вакIуэихьэжым, Щыблэуджым). Джэгур зэщхьэщокI зэхьэлIа елъытауэ. 
Адыгэ джэгухэр куэду зэрызэщхьэщыкIыр къаIуатэ абы я цIэхэми: нысашэ джэгу, жор джэгу, дынхэу джэгу, шу джэгу, нэузыр джэгу. НысащIэм япэу мастэ щриум деж ящIым дынхэу джэгукIэ еджэрт. Адыгэм яхэтащ зы фIы гуэр мурад ищIарэ къехъулIэмэ, джэгу ищIыжыну зытриIуэу.
Абы кIахэхэр нэузыр джэгукIэ йоджэ (нузыр зытеIуэн, псалъэ тын, тхьэлъанэ щIын, жыхуиIэщ). Джэгум хэтым елъытауэ зэщхьэщыкIырт: къуажэ джэгу, хэгъэгу джэгу. Джэгу псалъэр я фIэщыгъэцIэм хэмыту щыIэщ нэгъуэщI джэгу лIэужьыгъуэхэри: шыгъажэ, шурылъэс, шу зэбэн, къэбакъ, къинэмыщIахэр.
Адрей зэхыхьэхэм ещхьу, джэгум нэхъыжь иIэщ, джэгур зэригъакIуэу, зэригъэзахуэу. Абы я цIэхэри мащIэкъым, джэгур зыхуэдэмрэ щекIуэкI адыгэ лъэпкъ-лIакъуэмрэ елъытауэ: джэгу пашэ, джэгу тхьэмадэ, джэгуакIуэ, хьэтиякIуэ, джэгупщ, джэгу таршын, пщыгъэгуфIэ. Джэгур хабзэм тету йокIуэкI. Ар здекIуэкIри, абы къекIуалIэ псом щыщу хэт сыт и пщэ къыдэхуэми – псори убзыхуащ, хъыбар зэрырагъащIэм къыщыщIэдзауэ зэрызэбгрыкIыжым щыщIэкIыжу. ТхьэлъэIум и зы Iыхьэу къакIуэ джэгум, езы тхьэлъэIум хуэдэу, нэхъыжьми нэхъыщIэми, хъулъхугъэми бзылъхугъэми я къалэнхэр, къафэр, уджыр зытехуэр, тхьэлъэIур, шыгъажэр, нэщанауэр, ефэ-ешхэр зэрыщытыпхъэр – псори убзыхуащ.
Езы джэгухэм мымащIэу къахощ мифым и щIэин куэд. Апхуэдэу, нысэм фоч щхьэпрыгъэукIыныр, уэнжакъым еуэныр, къафэхэм я лъабжьэм кIэрахъуэ щыгъэуэныр, къамэ щыхэтIэныр (абы и лъэужьу къыщIэкIынщ къамэхэсэ къафэр), къинэмыщIхэри къоувыр унагъуэщIэр, нысащIэр, джэгум хэтхэр бзаджэнаджэм, цIыху лъэужьейм зэрыщахъумэ Iэмалхэу. Шхын пэрыхьэтым и нагъыщэщ нысэ тепхъэр, цIыху IэфIым, псалъэ гуапэм и дамыгъэщ IурыцIэлъыр.
ЩIэныгъэлIхэм джэгум халъагъуэ мифым и щIэину нэгъуэщI куэди. Апхуэдэу Бгъэжьнокъуэ Барэсбий хуегъэфащэ джэгур здекIуэкI утыкур Уафэмрэ ЩIылъэмрэ «щызэIущIэу», тхьэмрэ цIыхухэмрэ «щызэлъэIэсу»; зи щхьэр уафэм етауэ къафэ щIалэр Уафэм (мифым хъулъхугъэу къыщокIуэ) и дамыгъэу, зи нэр щIыгум етауэ къафэ пщащэр ЩIылъэм (мифым бзылъхугъэу къыщокIуэ) и дамыгъэу, пщащэ теубыдэм пщащэр утыкум зэрытриубыдэр тхьэхэм цIыху тыхьу хуащIу зэрыщытам и щIэину.
Миф щIэинхэр хыболъагъуэ жор джэгуми, нэгъуэщIхэми. МифкIэ зэщIэблами, джэгу куэдым зэ еплъыгъуэкIэ зэштегъэу къалэн нэхъ ямыIэу къыпфIэщIынкIэ мэхъу. Пэжщ, зэштегъэури хэлъщ, ауэ джэгум и къалэныр абы къыщымынэу икъукIэ инщ.
Япэрауэ, абы цIыхур зэхешэ, гурэ псэкIэ зэдэщIа ещI. Джэгум и къалэнхэм и IуэхукIэ Бгъэжьнокъуэм жеIэ: IуэхущIэ къыкъуэкIрэ цIыхум махуэ къэс иIэ псэукIэр и пIэм щикIкIэ, джэгум цIыху мин бжыгъэ зэрешалIэри зы Iуэхум пэрегъэувэ, джэгур фIым щIэджэурэ, цIыхум я гукъеуэхэр ящхьэщех, яхуегъэпсынщIэ, шэчыгъуафIэ ещI, пщэдей къыпэщылъ гугъуехьми пэщIэтыфыну ягурэ я щхьэрэ зэтелъ ещI.
Джэгум нэгъуэщI Iуэхушхуи щызэфIокI. Абы псори щызэгъэзэхуащ, щагъахъэ псори нэм ещтэ, гум йокIуалIэ. Утыкум ит цIыхур цIыхубэ псом я пащхьэ ит хуэдэщи, зыгуэр зы щIыпIэкIэ дичыхыни дишэхыни хъуркъым, бэм гукIэ, псэкIэ зыхищIам нэгъуэщI щыIэн хуейкъым. Абы и IуэхукIэ адыгэ джэгур, шэч хэмылъу, дахагъэм, екIум, фIым, абы уфIэкIынщи нэмысым я университету къоув.
Утыкум, цIыхум уахэту пщIэ емыкIур емыкIу тIуащIэщ, ныбжьырей емыкIущ. Ауэ утыку уиту, цIыхум уахэту фIы пщIамэ, фIыщIэр фIыщIэ тIуащIэщ, уищхьэ-уи пщIэр къызэрымыкIуэу ин мэхъу.
Джэгур зезыгъакIуэ, джэгум и тет, дауэдапщэм (щIэпщакIуэхэм, нысашэм, вакIуэихьэжым, н.) и зэхэшакIуэщ. ДжэгуакIуэр уэрэдусщ, IуэрыIуатэзехьэщ, лъэпкъ тхыдэм и хъумакIуэщ; абы и къалэн щхьэхуэхэр ягъэзащIэ хьэтиякIуэм, джэгу тхьэмадэм, ажэгъафэм. ЩIапщэ джэгур зезыгъакIуэм папщIэ инжыдждэс адыгэхэм джэгу хьэтэ, джэгу хьэтым жаIэ.
Джэгур тхьэлъэIу лIэужьыгъуэу, абы и зы Iыхьэу зэрыщытыр щыхьэт тохъуэ джэгуакIуэм тхьэмадэм (хъуэхъупщым, тхьэпщым (жрец)), Iэзэм (лекарь) я къалэнхэр игъэзащIэу зэрыщытам. IэзапщIэмрэ джэгуакIуапщIэмрэ зэгуэрым зыуэ щытащ: тыхьу яукIа Iэщым и фэр. Бгырыс шапсыгъхэм я джэгум нысэтхьэлъэIур жызыIэр, абы техуэ тхьэпщыIуапщIэр (напэIэлъэщI хужьыр) зи пщэ иралъхьэр хьэтиякIуэрауэ куэдрэ къокIуэ.
ДжэгуакIуэм и нэхъ пщэрылъышхуэу иужькIэ къызэтенахэм ящыщщ цIыхухэр игъэгуфIэныр, гушыIэ-сэмэркъэукIэ ягу къиIэтыныр, мыхъуну илъагъум гу лъитэу ауан ищIыныр. «Сэ си зы псалъэ закъуэкIэ къэрабгъэр лъэпкъым и хъумакIуэ лIыхъужь, дыгъуакIуэр щыпкъагъэ зыхэлъ цIыху сощIыж. Бзаджэм си пащхьэ зыкъригъэхуэну хуиткъым. Мыхъун псоми сэ срабийщ» – апхуэдэу ищхьэ хужиIэжащ пасэрей джэгуакIуэ гуэрым. АпхуэдизкIэ джэгуакIуэ псалъэм къару хэлът, фIэлIыкIыныгъэрэ хьэтыррэ иIэт. 
Иужьрей зэманым зи цIэ Iуа джэгуакIуэшхуэхэм ящыщщ Инжыдждэс адыгэхэм я деж – Мыжей Сэхьид, Къэбэрдейм – Агънокъуэ Лашэ, КIахэм – Жанджатэ Къуийнэф. 
 

 

«Адыгэ мифологием и энциклопедие» тхылъым къитхыжащ.
Поделиться: