КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ къэралым и Правительствэм и комиссэм и зэIущIэм

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Москва щыIэу хэтащ Урысей Федерацэм и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым и зэIущIэу Хуснуллин Марат видеоконференц зэпыщIэныгъэ мардэм тету щэкIуэгъуэм и 25-м иригъэкIуэкIам.

ЗэIущIэм щызэпкърахащ УФ-м и къэрал программэм - «Егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьын» жыхуиIэм - хыхьэу школхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхухэр зэфIэгъэкIа зэрыхъум. Мы зэманым щIыналъэхэм щокIуэкI къэрал бюджетым щыщ субсидиехэр къыдэхыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр. Къуажэхэм дэт курыт еджапIэ 50 къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыныр хагъэхьэну я мурадщ программэм ипкъ иткIэ 2022 - 2023 гъэхэм ирагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм.
Тепсэлъыхьащ «ПсэупIэмрэ къалэ кIуэцIым и зэIузэпэщагъымрэ» проектыр гъэзэщIа зэрыхъуми. Дызэрыт илъэсым республикэм щатынущ псэупIэу метр зэбгъузэнатIэ мин 513-рэ, 2022 гъэм я мурадщ метр зэбгъузэнатIэ мин 530-рэ ятыну. КъызэрабжамкIэ, 2021 гъэм и щIышылэ - щэкIуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу псэупIэу ящIар метр зэбгъузэнатIэ мин 427,4-рэ ­хъу­нущ, 2020 гъэм и апхуэдэ пIалъэм ар проценти 105,3-кIэ ­хуокIуэ.
2024 гъэ пщIондэ «ПсэупIэ», «ЩIыналъэхэр, жылэхэр зэпызыщIэ гъуэгухэр» къэрал проектхэм хыхьэу ухуэныгъэхэр щрагъэкIуэкIынущ Налшык къалэ округым къедза жылэхэм. Абыхэм ящыщщ Эркин Езен хьэблэм, Мыщхъыдж жылэ цIыкIум, Хьэсэней къуажэм адэкIэ къыщыс хьэблэм, жыг хадэ гъэкIыпIэхэу Дубки-07, Сосрыкъуэ жыхуиIэхэм псы шэным, къагъэсэбэпар къыIушыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр. «ПсэупIэ» къэрал проектым къызэрыщыгъэлъэгъуам тету, а щIыналъэхэм я ухуэныгъэхэм я инфраструктурэр зэтеухуэным сом мелуан 388-рэ хуаутIыпщыну я мурадщ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: