КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яIущIащ «Iуэху гуапэхэм я фондым» хэт хьэрычэтыщIэхэм.
- Гулъытэ ялъывогъэс псом хуэмыдэу абы хуэныкъуэхэм. Зи узыншагъэ зэфIэгъэувэжын хуейхэм, сомыншагъэм и гугъуехь зытелъхэм куэдрэ защIэвгъэкъуащ фи Iуэхур къызэрыунэхурэ. Иужьрей илъэситIыр хьэлъэу екIуэкIащ, узыфэ зэрыцIалэм цIыхухэр зэхэзедзэн ищIащ. Абы щыгъуэми зи унэ екIуэлIэжыну Iэмал зимыIэ дохутырхэм сэбэп фахуэхъуну гукъэкI фщIащ, узым зэрызыщахъумэ Iэмэпсымэхэр, ерыскъыхэр яхуевгъэшащ. ЦIыхухэм факъуоувэ, фадоIэпыкъу, щытыкIэ гугъум къывош! «Тхьэм фигъэпсэу!» вжызоIэ, - захуигъэзащ Iэтащхьэм къеблэгъахэм.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я гъэтIылъыгъэ фондым теухуауэ къэпсэлъащ Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий. Фондым щахъумэ мылъкур трагъэкIуадэ хуэмыщIауэ псэухэм, щытыкIэ гугъум итхэм, зи узыншагъэр екIэкIуахэм. ЦIыхухэм зыкъызэрыхуагъазэ щхьэусыгъуэм елъытауэ, ядоIэпыкъу.
- Илъэс къэс апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэхэм хухэтхырт сом мелуан 30-м щIигъу. Мы гъэм фондым и мылъкум хэдгъэхъуащ икIи сом мелуан 65-м нэдгъэсащ, - жиIащ Мусуковым.
КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ хьэрычэт Iуэхум техуэ налогыр республикэм и мылъкум хэлъхьэныгъэ зэрыхуэхъур.
- Республикэм и бюджетыр сом меларди 6-кIэ нэхъыбэ зэрыхъуам теухуа дэфтэрыр Парламентым едгъэхьащ дыгъуасэ. Худэчых зиIэхэм дазэрыдэIэпыкъу мылъкум сом мелуан 200-кIэ хэдгъэхъуащ. Илъэс кIуам диIам нэхърэ ар проценти 142-кIэ нэхъыбэщ. А дэIэпыкъуныгъэр сом мелуани 180-кIэ ежьауэ щытащ, нобэ сом мелуан 608-рэ мэхъу, - жиIащ Правительствэм и УнафэщIым.
КъБР-м и Iэтащхьэм зэIущIэм щIэсхэм ягу къигъэкIыжащ лышх узыфэр зыпкърыт Иванько Димэ хущхъуэ уасэу сом мелуанрэ мин 600-рэ иритыну иджыблагъэ зэрыжиIар:
- Ар жысIа нэужь, щIалэ цIыкIум и анэр къэпсалъэри жиIащ сымаджэ хъуам траха теленэтыным и сэбэпкIэ, къыхахыну къабжа мылъкур зэрырикъуар. Апхуэдэу щыхъуакIэ, си унагъуэм и хэхъуэм къыхэкIа мылъкур щIалэ цIыкIум естыну щыжысIакIэ, а ахъшэр «Iуэху гуапэхэм я фондым» нэзгъэкIуэнущ, сабийм и узыншагъэр зэтегъэувэжынымкIэ хуэныкъуэ хъумэ, Iэрыдгъэхьэн хуэдэу, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
«Iуэху гуапэхэм я фондым» и кIэлъыплъакIуэ советым и секретарь Iэхъуэбэч Андзор фондыр къызэрыунэхуам, илэжьхэм тепсэлъыхьащ.
- 2020 гъэм мэлыжьыхьым къэунэхуащ фондыр. Республикэм и Iэтащхьэм гупсысэр къыхилъхьэри, хьэрычэт инымрэ курытымрэ хэтхэм я мылъкукIэ къызэрагъэпэщащ. ПIалъэ кIэщIым къриубдэу фондым къыхэхъуащ икIи псапэ Iуэхухэм ятригуэшащ сом мелуан 47-рэ. Япэу фондым къихъуа сом мелуани 6-р хухэтхауэ щытащ узыфэ зэрыцIалэм пэщIэт дохутырхэм: коронавирусым зэрызыщахъумэ фэилъхьэгъуэхэр, нэкIуIулъхьэхэр, Iэлъэхэр яхуэтшащ. Узыфэм унэм щIиубыдат цIыху куэд. Сом мелуан 16 и уасэ ерыскъыхэкI къэтщэхури, хуэныкъуэхэм яIэрыдгъэхьащ. Симеон Столпник и члисэм екIуалIэхэм сом мелуан дэIэпыкъуныгъэу еттащ, - жиIащ абы.
Iэхъуэбэч Андзор къыхигъэщащ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек фондым захуигъазэу, хущхъуэ лъапIэ дыдэ кърыращэхун папщIэ мылъку зыхузэхуахьэса Нэгъуей Iэдэм цIыкIу и Iуэхум сом мелуан 20 зэрыхилъхьар.
Къэпсэлъам жиIащ фондыр зэрыщыIэ зэманым къриубыдэу ахъшэ IэкIэ зэи зэрызэIэпамыхар. Iуэхуу ялэжьар банк IуэхутхьэбзэкIэ зэфIагъэкIащ, дэтхэнэми щыхьэт техъуэ дэфтэрхэр, чекхэр щIыгъущ. Апхуэдэуи къыхигъэщащ фондым мылъку хэзылъхьа хьэрычэтыщIэхэм я цIэхэр къамыгъэлъагъуэмэ нэхъ къызэращтар, сыту жыпIэмэ, ар псапэ Iуэхущ.
- Фондым Iуэху хъарзынэхэр зэфIигъэкIащ. Иджыри ди мурадщ зыхуэдгъэувыжа къалэнхэм дытету, хуэныкъуэхэм зэрыхъукIэ защIэдгъакъуэу дыщыIэну, - жиIащ абы.
ХьэрычэтыщIэ-псапащIэхэм фIыщIэ яхуищIащ КIуэкIуэ Казбек. Зэчэнджэщу, зыгъэпIейтейхэмкIэ зэдэгуашэу зэдэлэжьэнуи зэригуапэр жиIащ.
КъБР-м и Iэтащхьэм я цIэ къриIуащ республикэм щыIэ волонтёр ныбжьыщIэхэми:
- ФIыщIэ яхузощI гудзакъэ зиIэ, псапэ зыщIэ щIалэгъуалэм. Абыхэм хуэныкъуэхэм ахъшэкIэ зыщIагъакъуэркъым, атIэ хэкIыпIэрэ Iэмалу щыIэхэр къагъуэт, гупсысэу зрагъасэ. Ди волонтёр ныбжьыщIэхэрщ къыхэзылъхьар иджыблагъэ ежьа «ХъуэпсапIэхэм я псей» Iуэхур.
КIуэкIуэ Казбек «Iуэху гуапэхэм я фондым» хэтхэм яжриIащ зэIущIэ нэужьым, цIыкIухэм я хъуэпсапIэхэр зратха письмо зэпэщимэхэм щыщ псейм къыфIахрэ, ИлъэсыщIэ къэблагъэм сабий ягъэгуфIэмэ зэригуапэр.