НОБЭ

♦Фаджэ (проказа) узыфэр зыпкърытхэм защIэгъэкъуэным и дунейпсо махуэщ
♦ДыщэкIым и дунейпсо махуэщ
♦Интернетыр къыщамыгъэсэбэп дунейпсо махуэщ.
ЦIыхухэр зы махуэкIэ нэхъ мыхъуми «дунейпсо хъым» къыхэшыным хуэгъэзауэ ягъэуващ.
♦Белоруссием щагъэлъапIэ ЩIэныгъэм и махуэр
♦1714 гъэм Пётр Езанэм и унафэкIэ къызэрагъэпэщащ Урысейм щыяпэ музейр – Кунсткамерэр.
♦1729 гъэм Истамбыл щытрадзащ хьэрып хьэрфхэр къагъэсэбэпурэ ятха япэ тхылъыр – тырку псалъалъэр.
♦1865 гъэм цIыхур ягъэпщылIу мыдэным теухуа зэхъуэкIыныгъэ я конституцэм хилъхьащ США-м и Конгрессым. КъыкIэлъыкIуэ махуэм къэралым и президент Линкольн Авраам Iэ щIидзащ абы теухуа унафэм.
♦1893 гъэм «Кока-Кола» сату дамыгъэр япэу къагъэсэбэпащ.
♦1924 гъэм Советхэм я етIуанэ съездым къыщащтащ СССР-м и япэ Конституцэр. 
♦1943 гъэм нэмыцэ генерал-фельдмаршал Паулюс Фридрих зи пашэ дзэр Сталинград и деж къанэ щымыIэу къыщаухъуреихьащ.
♦1989 гъэм уэгум лэжьэн щыщIидзащ цIыху кърырашэкIын щхьэкIэ зэпкъралъхьа кхъухьлъатэ нэхъ ин дыдэм - «Боинг 747-400»-м. Абы зэуэ цIыху 566-рэ ихуэрт. 
♦1991 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм къищтащ республикэм и къэрал суверенитетым теухуа Декларацэр.
♦1996 гъэм къащтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм зегъэужьыным теухуа къэрал программэр.
♦1797 гъэм къалъхуащ Австрием къыщалъхуа, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа композитор Шуберт Франц.
♦1837 гъэм къалъхуащ тхыдэдж, филолог, журналист КIашэ Адэлджэрий.
♦1924 гъэм къалъхуащ куржы кинорежиссёр, СССР-м и цIыхубэ артист, Лениным и цIэр зезыхьэу щыта саугъэтыр зрата Абуладзе Тенгиз.
♦1926 гъэм къалъхуащ адыгей уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, композитор, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Сэмэгу Гуэщнагъуэ.
♦1956 гъэм къалъхуащ актрисэ, режиссёр, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Глаголевэ Верэ.
♦1974 гъэм къалъхуащ журналист, жылагъуэ лэжьакIуэ Ныбэжь Таисэ.

Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 4 - 6, жэщым щIыIэр 1 градус щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:

Iуэхухутэ ялIыркъым, лIыкIуэ яукIыркъым.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ