Анэдэлъхубзэмрэ щIэблэмрэ

Къэрэшей-Шэрджэсым къыщызэIуах нэгъуэщIыбзэкIэ щыIэ мульфильмхэр республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэмкIэ щрагъэтхыну студие.

 А Iуэхум щелэжьынущ Алиев Умар и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым. КъШР-м и Правительствэм къелъытэ анэдэлъхубзэр нэхъыфIу зэрагъэщIэнымкIэ щIэблэм ар къахуэщхьэпэну.

Къэрал университетым бзэ къэхутэныгъэхэмкIэ и центрым и IэщIагъэлIхэр и ужь ихьащ япэ мультфильмыр зэрадзэкIыным.

Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щIалэгъуалэ проектхэм теухуауэ щрагъэкIуэкIа зэпеуэм щытекIуащ республикэм и ныбжьыщIэхэм я анэдэлъхубзэхэр зрагъэщIэным зэрыщхьэпэн программэр. Ар къызэригъэпэщащ ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм.

 

 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: