Брунейм укIуэну зыбгъэхьэзырмэ…

Куэдрэ и цIэр зэхэпх пэтми, игъащIэм уздэщымыIа щIыналъэр нэгум къыщIэбгъэхьэну гугъущ. ИтIани, щIэныгъэм зигу хузэIуха цIыхум дунейм щекIуэкIыр къищIэным и нэ къыхуокI.

Бруней къэралым зыщиубгъуащ езым и цIэм ещхь Борнео хытIыгум. Абы щхьэкIэ къэмынэу, щIыналъэм и цIэр къыздикIам теухуа хъыбар гъэщIэгъуэнхэми уарохьэлIэ. Япэрауэ, ар 1363 гъэм Бетатар Аванг сулътIаным иухуауэ жаIэ. Шыпсэ зэIэпахым къызэриIуатэмкIэ, иужькIэ Мухьэмэд Щихъ зыфIэзыщыжа Бетатар дунейр зригъэлъагъуу зэхэзекIуэрэ пэт, псыежэх мыцIыху къыхуэзати: «Бару нах!» - жиIэри кIиящ. ЩIыналъэм цIэ хуэхъуари а псалъэрщ. «Мыбдежырщ», - къикIыу хуагъэфащэ. КъухьэпIэ лъэныкъуэм къэралыр къезыгъэцIыхуар абы 1550 гъэм щыIа урым дунеяплъэ Вартемэ Лодовикэщ.

Нобэрей Брунейр дунейм нэхъ бей дыдэу тет къэралхэм хабжэ. ХытIыгур еуфэбгъу сулътIанхэм я зым Австралием къриша баобаб жыгхэм. ЩIыналъэр зэрыцIэрыIуэхэм хохьэ абы иубыд щIыпIэм и процент 70-р цIыхуIэ зэмыIуса, уэшхым къигъэкIа мэзу зэрыщытыр. Езы къэралыр IыхьитI мэхъу, я зэхуакум Малайзиер дэту. Лейуэ гъунапкъэр зэпамыупщIын щхьэкIэ, зы Iыхьэм икIыу адрейм зыунэтIхэр нэхъыбэм брамхэмкIэ зокIуэ.

Брунейм и экономикэр езыгъэфIакIуэр щIыдагъэмрэ газымрэщ. Къэрал унафэр зыщIыр пащтыхьырщ: къулыкъур адэм къыIэщIокIри, къуэм Iэрохьэ.

Къэралым цIыхуу исым я Iыхьэ щанэр щыхьэрым щопсэу. Адрейхэр -щIыдагъэ къыщыщIах къалэхэмрэ къуажэхэмрэ.

Брунейр муслъымэн къэралщ, абы фадэ щащэркъым икIи къыщыщIагъэкIыркъым. Зепхьэу укъалъагъуми, фIы щIэпхынукъым. Фадэ уефэнри кхъуэл пшхынри хабзэкIэ ядэркъым, наркотик зыщэм укI тезыр тралъхьэ.

Мы къэралым ахъшапщIэ (налог) щыхахыркъым, цIыхубэм пщIэншэу ират зыхэпсэукIыпхъэ куэд. ЩIэныгъэри медицинэри пщIэншэщ, ипотекэм процент тралъхьэркъым. Узыншагъэм текIуадэ IэзапщIэр къэралым и пщэ зэрыдэлъым и нэщэнэ гъэщIэгъуэнщ, псалъэм папщIэ, Сингапур операцэ ущащIын хуейуэ къыщIэкIмэ, абы и уасэр Брунейм зэрыритынур. НэгъуэщI къэралым узэрыщеджэ ахъшэри къэрал жыпым йокI, уеблэмэ щхьэгъусэмрэ бынхэмрэ зэрылъагъун папщIэ зэпач гъуэгуанэм текIуадэри къэралым ирет. Апхуэдиз мылъку дэнэ абы къыздрихыр жыпIэмэ, газымрэ щIыдагъэмрэ уэру зэращэрщ.

Брунейм укъызэригъэуIэбжьхэм ящыщщ абы дэ дызэса автобусхэм хуэдэ дыдэу, псым тет такси-кхъуафэхэр зэрыщыкуэдыр. Зэрыщыту псым тет къалэхэри яIэщ. Псалъэм папщIэ, мафIэс къэхъуамэ, абы хуэпIащIэр мафIэсыр зыгъэункIыфI кхъуафэщ, машинэкъым.

Брунейр егъэлеяуэ щIыналъэ Iэуэлъауэншэщ. Гугъу узыдехьынкIи хъунур благъуэхэмрэ (крокодил) аргъуейхэмрэщ. Езыхэр зэрышэчыгъуейм нэмыщI, абыхэм узхэри кърахьэкI. Блэхэри щымащIэкъым.

Сыт хужаIэр цIыхухэм фIыуэ ялъагъу Брунейм и сулътIан Болкиах Хьэсэнэл?

2010 гъэм абы и мылъкур доллар мелард 20-м нэсу хъыбар ягъэIуащ. 1984 гъэм иухуа сэрейм текIуэдащ доллар мелуан 400. Абы и инагъыр метр зэбгъузэнатIэ 200000-м нос. Зэреджэр «Нурул Iиман» жиIэущ. Сэрейм хэтщ пэш 1788-рэ, хьэмэм 257-рэ, цIыху 5000-м папщIэ хьэщIэщ, нэмэзыщI 1500-м ятещIыхьа мэжджыт, машини 110-рэ зыщIэхуэ гуэщ. Абы нэмыщI, сулътIаным иджыри сэреищ иIэщ. ЗэрысулътIаным нэмыщI, абы ехь премьер-министрми, мылъку Iуэхухэмрэ шынагъуэншагъэмкIэ министрхэми я къулыкъухэр.

ЗэрыжаIэмкIэ, Брунейм и сулътIаным машинэ псынщIэхэр зэхуехьэс. ДыщыуэнкIи мэхъу, ауэ 2020 гъэм абы иIэт машинэ 3000 - 7000 хуэдиз.

НэщIикIыжым ирихьэлIэу сулътIаным тхьэмыщкIэхэм тыгъэ яхуещI, абы токIуадэ доллар мелуан 20-м нэс. Илъэс блэкIам нэщIикIыж тыгъэ зыхуащIахэм хиубыдащ къэралым цIыхуу исым и процентитху: нэрыбгэ 21454-рэ. Тыгъэхэр зэбгрызытыкI гуп 85-м хэтхэм я къалэнщ щхьэж къылъысыр псынщIэу Iэригъэхьэну.

СулътIан куэдым ещхьу, Болкиахи мылъку ипхъынкIэ ирегъэлей. Тетыгъуэр илъэс 50 щрикъум, абы Джейсон Майкл зэрыригъэблэгъа къудейм тригъэкIуэдауэ щытащ доллар мелуан 17. Зэрыщыту дыщэрэ мывэ лъапIэкIэ къищIыкIа и кхъухьлъатэм уардэунэ къыхищIыкIауэ жыпIэ хъунущ. И Iыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ яхуищI тыгъэхэм псори зэхэту тригъэкIуэдауэ къалъытэ доллар мелард 17-м нэс. Псалъэм папщIэ, и пхъум къыщалъхуа махуэм доллар мелуани 100 зи уасэ кхъухьлъатэ иритащ.

ЩIыуэпс дахэ зиIэ Брунейм турист куэд къришэлIэфынут, ауэ жэщ нэгузегъэужьыпIэрэ фадэрэ зэрыщымыIэм дунеяплъэхэр Iуегъэщт.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: