НаркотикхэкIхэр къыкъуах

Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ управленэм и полицэм жыла-гъуэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэ­щынымкIэ и плъыр гуп хэхам и лэжьакIуэхэм 2022 гъэм мазаем и­ ­21-м Кэнжэ къуажэм къалэныр щрахьэкIыу гу лъатащ уней лъапсэхэм ящыщ зым и IухьэпIэм иIэ удз гъэкIыпIэм деж пщащэ гуэрым зэ­кIуэцIышыхьа цIыкIу щIым къыхихыу и жыпым зэрырилъхьам.

И тхылъхэр къыщапщытэм икIи езыр къыщащым илъэс 18 хъу нарткъа­лэдэсым къыкъуахащ хьэжыгъэм ещхь хужь гуэр зэрылъ полимер зэкIуэцIышыхьа фIыцIэ. Пщащэм жиIащ абы «шыгъукIэ» зэджэ наркотикхэкI зэрилъыр, апхуэдэхэр щIыпIэ хэхахэм щэхуу щагъэтIылъурэ сату зыщIхэм я деж къыщищэхуауэ зэрыарар. Ар езым зрихьэлIэну арат, ищэжын муради иIэтэкъым.
Экспертизэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, ар грамм 1,84-рэ хъу «метилэфедрон» наркотикхэкIщ.
Хъыджэбзым теухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ УФ-м и Уголовнэ кодексым и 228-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ. Абы къыщыгъэлъэгъуа къуаншагъэ зылэжьар илъэси 3-м къыщыщIэ-дзауэ илъэси 10-м нэскIэ ягъэтIысынкIэ, къуэдыуи сом мин щитху ирагъэпшынынкIэ хъунущ.

 

УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться: