Нэщхъеягъуэр дагуэш

Къэбэрдей-Балъкъэрым иужь­рей гъуэгуанэм щы­трагъэхьащ Донецк, Луганск республикэхэм щы­псэухэр яхъумэн папщIэ зэхаубла спецоперацэм хэту я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда зауэлIхэр.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыуэщIхэм хэтащ. Республикэм и УнафэщIыр и щхьэкIэ яхуэгузэващ я псэ емыблэжу зи къалэныр зыгъэзэщIа, полицэм и подполковник, Кэнжэ къуажэм щыщ КIэщт Аслъэн Сэфарбий и къуэм, Бахъсэненкэ щыщ Къалэжьокъуэ Ренат Руслан и къуэм, Налшык щыпсэуа Джэху Альберт Руслан и ­къуэм, Урысей гвардием и Управ­ленэм КъБР-м щиIэ ­къудамэм хэта, полицэм и майор Къудей Ратмир Хьэбалэ и къуэм, УФ-м и Лъэпкъ гвардием хэта зауэлIхэу Яныкъуей щыщ прапорщик Этезов Iэниуар Хьэмид и къуэм, Гундэлэн щыщ сержант нэхъыщIэ Бачиев Алим Къурмэнбий и къуэм я Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ.
ЛIыгъэ зэрахьам, хахуагъэ къызыкъуахам япкъ иткIэ, Бачиев Алим, Къудей Ратмир, Этезов Iэниуар сымэ ­«Къигъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ» орденыр хуагъэфэщащ, дунейм ехыжауэ. ХэкIуэда щIалэ­хэм я щхьэ ­хуагъэщхъыну икIи я Iыхьлыхэм нэщхъеягъуэр дагуэ­шыну дыуэщIхэм екIуэлIахэщ ­КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и Уна­фэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, ветеранхэм, зауэлIхэм я зэгухьэныгъэ­хэм, хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм, цIыхубэм я лIыкIуэхэр.
КIуэкIуэ Казбек Правительствэм унафэ хуищIащ республикэ бюд­жетым къыхэкIыу сом мелуан зырыз хэкIуэдахэм я унагъуэхэм иратыну. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу уIэгъэ хъуахэм сом 300000 хухагъэкIынущ. УФ-м ШынагъуэншагъэмкIэ и министерствэми хэIущIыIу ищIащ хэкIуэдахэм я уна­гъуэхэм сом мелуаным щIигъу ­къратыну.

КЪУДЕЙ Iэминэ.
Поделиться:

Читать также: