Хэкум теухуа усэхэр

Бахъсэн районым и Щэнхабзэ-зыгъэпсэхупIэ центрым щекIуэкIащ усэ къеджэнымкIэ «Воспевая Родину свою» зэпеуэр. Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я илъэсыр зэрагъэлъапIэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъумрэ я щIыхькIэ.

Зэхьэзэхуэм хэтащ зи ныбжьыр илъэси 7-м щыщIэдзауэ илъэс 16 хъу еджакIуэ 30-м нэблагъэ, районым и литературэ гупжьейхэм екIуалIэхэр.

КъэпщытакIуэ гупым хэтащ Щэнхабзэ-зыгъэпсэхупIэ центрым и унафэщI Тембот Хьэчим, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артистхэу Бейтыгъуэн Джамболэтрэ Фэщтыкъ Анфисэрэ, районым и музейм и унафэщI Къуэдз Ларисэ.

НэхъыщIэхэм ящыщу япэ увыпIэр къихьащ Мамыкъуэ Даринэ (Бахъсэнёнкэ къуажэ). Саугъэт нэхъыщхьэр хуагъэфэщащ АфIэунэ Арнетэ (Къулъкъужын Ипщэ).

Зи ныбжьыр илъэси 10-м щыщIэдзауэ 13 хъухэм япэ щыхъуащ Мамбэт Камиллэ (Къулъкъужын Ипщэ). Саугъэт нэхъыщхьэр къихьащ Уэзы Эллинэ (Бахъсэнёнкэ).

Нэхъыжьым ящыщу япэ увыпIэр лъагъэсащ Джапуев Ислъам (ПсыкIэху). Саугъэт нэхъыщхьэр къихьащ ХьэцIыкIу Аидэ (ХьэтIохъущыкъуей). Кыщпэк къуажэм щыщ, илъэсибл зи ныбжь Къардэн Аделинэ тегушхуэныгъэ хэлъу утыку зэритым папщIэ саугъэт щхьэхуэ - Зэгъэщтокъуэ Людэ и тхылъыщIэр - хуагъэфэщащ.

Зэхьэзэхуэм хэта псоми Бахъсэн районым и администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр, ахэр зыгъэхьэзыра я егъэджакIуэхэм фIыщIэ тхылъхэр иратащ.

- Щэнхабзэ Iуэху дахэм къыхыхьэ еджакIуэ цIыкIухэр лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм щIэтпIыкI къудей мыхъуу, ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIхэр къыдогъэнаIуэ, утыку итыфу догъасэ, - жиIащ Тембот Хьэчим.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: