Усыгъэр щIэблэм я Iэпэгъуу

ЩэнхабзэмкIэ фондым, Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм,  щекIуэкIащ «Ди псалъэр къыщыIужкIэ» республикэпсо литературэ зэ­пеуэм и «Художественнэ псалъэ» Iыхьэр. Ар екIуэ­кIащ  усакIуэхэу,  тхакIуэхэу  Журт Биберд, Уэрэзей Афлик, За­лиханов Жанакаит, Гулиев Мажит сымэ ягу къагъэкIыжу, мы гъэм зи ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъу усакIуэхэу Мусукаевэ Саки­натрэ Куэшбей Джамболэтрэ ягъэлъапIэу. Зэпеуэм хэт ­ныбжьыщIэхэр абыхэм я Iэ­дакъэщIэкIхэм къеджащ адыгэбзэкIи, урысыбзэкIи, балъкъэрыбзэкIи. ВидеокIэ кърагъэхьа лэжьыгъэхэм хэп­лъащ усакIуэ Беппаев Му­тIэлип зи унафэщI къэпщыта­кIуэ гупыр.

- УсакIуэхэмрэ тхакIуэ­хэмрэ нэхъыбэ дыдэу зыщыгуфIыкIыр я Iэдакъэ къыщIэ­-      кIар щIэблэм щаджырщ. Зи тхыгъэхэр цIыхухэм фIыуэ ­ялъагъухэр, езыхэр къытхэмытыжми, псэу хуэдэщ. Усэхэм, художественнэ тхыгъэхэм ящыщ пычыгъуэхэм къе­джэу къытхурагъэхьахэм сагъэгушхуащ. ЩIэщыгъуагъ хэлъу Iуэхум гурэ псэкIэ зэрыбгъэдыхьам сыщыгуфIы­кIащ, - жиIащ зэпеуэм и къы­зэгъэпэщакIуэ, Тхылъхэр фIыуэ  зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI  Шинкарёвэ  Наталье.
КъэпщытакIуэхэр ныбжьы­щIэхэм я лэжьыгъэхэм щыхэп­лъэм къалъытащ къыхаха ­тхыгъэм и купщIэр (ар къе-джэм и ныбжьым хуэкIуэу щытыпхъэт), усыгъэр зэрызыхищIэр къеджэкIэмкIэ къызэ-рагъэлъагъуэр, я теплъэ-зы­хуэпэкIэр, тхыгъэм къыщеджэну къыхаха щIыпIэр, видеом и фIагъыр.
Зэпеуэм хэтахэр ныбжькIэ гупищу ягуэшащ. НэхъыщIэ дыдэхэм ящыщу (илъэси 7 - 10) япэ увыпIэр къахьащ Бекъул ­Ясминэ, Бауаев Iэмин, Гобеджешвили Умар, Гладилинэ Анастасие сымэ. ЕтIуанэ хъуащ Къэзан Iэминэ, Баший Саидэ, Докелинэ Марие, Щоджэн Iэминэ сымэ. Аппаевэ Маликэ, Балаевэ Ларисэ, Гуртуев ­Муслъим сымэ ещанэ увыпIэр ­ялъысащ.
Илъэс 11 - 14 хъухэм я деж бжьыпэр щаубыдащ Хьэткъут Азнауррэ Жыгун Алисэхьрэ. Къанокъуэ Лаурэрэ Къущхьэбий Камилэрэ етIуанэ хъуащ. Мэшыкъуэ Дамир, Джаппуев Мухьэмэд, Джантуевэ Азизэ, Братцевэ Илонэ сымэ ещанэ увыпIэр зэхуагуэшащ.
Илъэс 15 - 17 зи ныбжьхэм я деж щытекIуащ КIыщ Эльви-рэ, Этезовэ Джаннет, Воро­-бьёв Максим. Къуршэ Камилэ, Байсултанов Ислъам, Жанатаевэ Аишэ сымэ етIуанэщ. Ещанэ увыпIэр къахьащ Къу­мыкъу Алинэрэ Теппеев Ахъ­мэтрэ.
- Лъэпкъ щхьэхуэр зыгъэ-бейр и бзэрщ. Мы зэпеуэ дахэри бзэхэр гъэлэжьэным хуэунэтIа Iуэхущ. Си гуапэ ­хъуащ ныбжьыщIэхэм художественнэ псалъэр зэрызыхащIэфыр. Ар нобэ дызыхэплъа лэжьыгъэхэми къагъэлъэ­гъуащ, - жиIащ Беппаев Му­тIэлип, Iуэхум хэтахэм фIыщIэ ­щахуищIым.

 

Гугъуэт Заремэ. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться: