«Ислъэмейр» илъэс 30 ирокъу

Адыгэ Республикэм лъэпкъ уэрэдхэмкIэ и «Ислъэмей» къэрал ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ 30 зэрырикъуам и щIыхькIэ концертышхуэ Мейкъуапэ щитащ.

Лъэпкъым и IуэрыIуатэ-макъамэ гъуазджэр  илъэс 30 хъуауэ екIуу утыку къизыхьэ гупыр ди къуэш республикэм и мызакъуэу, дунейм адыгэу тетым я напщIэ хъуащ. Макъамэ Iэмэпсымэмрэ уэрэджыIакIуэ макъ жьгъырумрэ щызэщIэжьыуэ утыкум адыгэ къафэр щызыгъэзащIэ пщащэхэмрэ щIалэхэмрэ къыщыхыхьэжкIэ гур хегъахъуэри, псэр егъэушэф. Апхуэдэу Iэгуауэ куэд мы гупым щыхуаIэтащ щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Ахэр щыIащ Тыркум, Израилым, Польшэм, Италием, Иорданием, Сирием, Урысейм и хэгъуэгу зэмылIэужьыгъуэхэм.

Налшыки фIыуэ илъэгъуащ «Ислъэмейр». Адыгэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI лъэпкъ гъуазджэм и купщIэ нэхъыщхьэ дыдэр яхъумэу, абы нэхъри зрагъэужьу ди цIыхубэм зэрыхуэупсэрщ абыхэм я пщIэр зыIэтыр.

Утыкум ит артист зэчиифIэхэм я уэрэд жыIэкIэм, пшынэ еуэкIэм ущедаIуэкIэ, я къафэхэм ущеплъкIэ апхуэдиз макъамэ телъыджэр къэзыгъэщI композитор Нэхей Аслъэн и талантым и кууагъыр умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Макъамэ унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ гъэпсыкIэ хэхахэмрэ къигъэсэбэп пэтми, адыгэ уэрэдыжьым и купщIэр къонэж. Апхуэдэ зэфIэкI бгъэдэлъщ «Ислъэмей» ансамблым и къызэгъэпэщакIуэ, художественнэ унафэщI, композитор, Урысей Федерацэм, Адыгэ Республикэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым я цIыхубэ артист, Кубанымрэ Абхъазымрэ гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ  я лэжьакIуэ, Урысейми Адыгейми я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща Нэхей Аслъэн  Къасым и къуэм.

Репертуар къулей иIэщ «Ислъэмейм». Композитор цIэрыIуэхэу ХьэIупэ ДжэбрэIилрэ Нэхей Аслъэнрэ я IэдакъэщIэкIхэр лъэпкъым уасэ зимыIэ хъугъуэфIыгъуэ хуэхъуащ, цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр, «Хьэгъэуджым и зэфакIу» симфониер, «Гуащэгъагъ и гъыбзэр»,  «Хьэтхым и къуэ кIасэр», нэгъуэщI произведенэ телъыджэхэр уасэ зимыIэщ.

Зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ, Адыгэ Республикэм и цIыхубэ артисткэ ХъуакIуэ Сусаннэ, АР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Шэшэным щэнхабзэмкэI щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Агъыржанокъуэ Саниет, АР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Дыгъужь Асиет, артистхэу Къумыкъу Шамсудин, Щамырзэ Къазбэч, Уджыхъу Руслан, МэшбащIэ Саидэ, Дер Абир сымэщ уэрэдым псэ хэзылъхьэр, пшынауэ Iэзэхэу Лъэцэр Светланэ, Мыщэ Анзаур хуэдэхэрщ адыгэ макъамэр дунейпсо музыкэ гъуазджэм нэзыгъэсар.

Мы ансамблым хуэдэ адыгэм иIэкъым. Ар къызэрызригъэпэщауэ щытам, и мыхьэнэм мыпхуэдэу топсэлъыхьыж Нэхей Аслъэн:

- I990 гъэхэм сэ Адыгэ Республикэм и Композиторхэм я союзым и тхьэмадэу сылажьэрт. Макъамэ куэду стхырт, Къэрал филармонием и музыкантхэм си IэдакъэщIэкIхэр ягъэзащIэрт. Лъэпкъ къафэмкIэ «Налмэс»  къэрал академическэ ансамблыр  езым и щхьэ Iуэху зэрихуэжу щхьэхуэ щыхъум, филармонием и унафэщIыр къызэлъэIуащ зы лъэпкъ ансамбль къызэдгъэпэщыну.  Арэзы сыхъури иужь сихьащ, ауэ сэ зэхэсшэну сызыхуейр цIыхухэм я нэгу зезыгъэужьын ансамбылтэкъым, атIэ адыгэ щэнхабзэм и зы Iыхьэ гъэщIэгъуэн - уэрэд IуэрыIуатэр къэзыгъэщIэрэщIэжын гупт.

Макъамэ Iэмэпсымэ зыбжанэ фIэкIа димыIэу дыщызэхыхьамрэ нобэрей ансамблымрэ шурэ лъэсрэ я зэхуакущ. УэрэджыIакIуэхэр, къэфакIуэхэр, оркестрыр – нобэ ахэр зы гуп лъэрыхь хъуащ. Нобэ доллар мин бжыгъэ зи уасэ микрофонхэр къыдощэхуф, фащэ щад цех, зыхуей хуэгъэза студие диIэщ, европей жыпхъэхэм изагъэ уэрэдхэр, макъамэхэр идогъэтхыф.

«Ислъэмейм» мызэ-мытIэу концерт щитащ Тыркум, Иорданием, Израилым, Германием, Грецием, Инджылызым, Италием, Польшэм, Чехым, Урысейм и къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм. I992 гъэм япэ дыдэу Тыркум дыкIуат, ди лъэпкъэгъу хэхэсхэм драгъэблагъэри. Иджыпсту дэни дыкъыщацIыху, щапхъэ ттезыхи щыIэщ, ауэ абы щыгъуэм телъыджэ гуэру дыкъалъытат.

Ди лъэпкъым и уэрэд щэнхабзэр тфIэкIуэдмэ, кIуэдынум и куэдагъыр нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ. Ди адэжьхэр зэхэтIысхьэжурэ зэдежьууэ жаIэу щыта уэрэдхэм хуэдэ нобэ хэт зыхуэгъэзащIэр? ЦIыхубэ уэрэдхэр ар жанр щхьэхуэщ икIи лъэпкъым и псэщ. Къафэр – тIэкIу нэгъуэщIщ. Пэжщ, къафэми лъэпкъым и хьэл-щэныр, и шыфэлIыфэр къегъэлъагъуэ. Ауэ лъэпкъым и тхыдэр, и гупсысэр, игу зэрыгъур, и бзэр, и гум и къеуэкIэр классикэ хэплъыхьам тету гъэува къафэми и кIэм нэсу хыумылъэгъуэнкIэ хъунущ. Апхуэдэ къару зиIэу сэ къэслъытэр уэрэдыжьхэрщ.

«Ислъэмейм» и къалэн нэхъыщхьэр ди адэжьхэм къытхуагъэна щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэр хъумэнырщ, ар къыдэкIуэтей щIэблэм ябгъэдэлъхьэнырщ, адыгэ щэнхабзэр дуней псом къыщегъэцIыхунырщ.

ЦIыхубэ уэрэдхэмрэ къафэмкIэ Адыгейм и къэрал ансамблыр республикэм и псэкупсэ щэнхабзэр зыгъэдахэщ, зыгъэбейщ. «Ислъэмейр» нобэ дунейпсо цивилизацэм и курыкупсэм итщ, сыт хуэдэ лъэпкъ щэнхабзэми «епсэлъэфу».

 

 

 

 

 

 

 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: