Тутей Марат и зэфIэкIхэр

Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №6-м и еджакIуэ Тутей Марат «Билет» зи фIэщыгъэу къыдигъэкIа фильмыр щагъэлъэгъуащ «Lift-Off Sessions-2022» кинофестивалым. Лэжьыгъэр трахащ «Антарес» егъэджэныгъэ центрыр и дэIэпыкъуэгъуу.

Мазаем икухэм Тутейм и лэжьыгъэр утыку щрахьащ Берлин, Манчестер, Токио, Нью-Йорк, Торонто, Лос-Анджелес, Париж, Сидней, Мельбурн. Фильмым и купщIэр тхылъымпIэ ахъшэхэр зы Iэм IэщIэкIыу нэгъуэщIхэм Iэрыхьэурэ цIыху гъащIэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыратырщ, ахъшэр тхылъымпIэу зэрыщытыр зэрызыщагъэгъупщэрщ.

НэхъапэIуэкIэ Марат ныбжьыщIэхэм яхуэгъэза сериали трихауэ щытащ, Америкэм и «NETFLIX» кинокомпанием папщIэ. Ар щытекIуащ «Юнкор России» онлайн-марафоным хыхьэу «Россия глазами детей. Посмотрим» сериалым и лIыхъужь нэхъыщхьэр, сценарист, оператор къалэнхэр зылъагъэсынум ехьэлIауэ къызэрагъэпэща кастингым. Апхуэдэу, ар хэтащ «Цели устойчивого развития» проектым икIи нэхъыфIу къалъытащ игъэхьэзыра видеороликыр.

 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: