Тхылъхэм я тхьэмахуэ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым гъатхэпэм и 23-м къыщызэIуахащ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ яхуэгъэза тхылъхэм я урысейпсо тхьэмахуэр.

КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин мы гъэм и тхылъеджэ ныбжьыщIэ нэхъыфIхэм дипломхэмрэ ­саугъэтхэмрэ яритащ. Апхуэдэхэщ Гергоковэ Лейлэ, Сунш ­Iэ­ниуар, Къуэн Михаил сымэ, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэ гуапэм кърихьэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ респуб­ликэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм. Театрым и пэIущIэр хухахащ щагъэлъагъуэ «Книга - мир в твоих руках» тхылъ гъэлъэгъуэныгъэм.
Махуэ къэс республикэм и библиотекэхэм тхылъ гъэлъэ­гъуэныгъэхэр щрагъэкIуэкIынущ. Абы хэту къызэрагъэпэщынущ тхылъ къеджэнхэр, таурыхъхэм къытращIыкIа театр ­теплъэгъуэхэр, литературэ джэгукIэ лIэужьыгъуэхэр утыку къыщрахьэнущ, тхылъеджэхэм я зэIущIэхэр, тхакIуэхэм я ­махуэхэр щыIэнущ.

 

Сурэтыр  КЪАРЕЙ Элинэ  трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: