«Налшык насыпым и дамыгъэщ»

Апхуэдэ фIэщыгъэ иIэу гъатхэпэм и 25 - 28-хэм ­Налшык щекIуэкIащ XIII дунейпсо Арт зэпеуэр. Ар хуэунэтIауэ щытащ Урысейм, ­хамэ къэралхэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ ­хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымрэ яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр, зыхуащI дзыхьыр гъэ­быдэнымрэ, ди республикэм дунейм псом къыхуаIэ щытыкIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зрагъэхъуэжыным. 

Зэпеуэм хэтащ Йемен, Мысыр, Индие, Замбие, Мароккэ, Афганистан, Украинэ къэралы­гъуэхэм, Астрахань, Волгоград областхэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Кавказ Ищхъэрэм и щIыпIэ псоми къикIахэр. 
КъекIуэлIахэм я зэфIэкIыр къэ­зы­пщытахэм яхэтащ къызэгъэпэщакIуэ ­коми­те­тым и унафэщI, Дунейпсо Арт комитетым и вице-­президент, Кавказым и республикэ псоми ­гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Беты­гъуэн Iэуес, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым и къудамэм и унафэщI, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Даур Иринэ, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Гнесинхэм я цIэр зезыхьэ Урысей академием и профессор, композитор, Шостакович Дмитрий и саугъэтыр зыхуагъэфэща Беляев Владимир, Ставрополь крайм и Изобильнэ къалэм гъуазджэмкIэ и школым къафэхэмкIэ и къудамэм и уна­фэщI, Ставрополь крайм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Григолиали Лианэ, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и театр факультетым актёр гъуазджэмкIэ и художественнэ унафэщI, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Балъкъэр Юрэ, нэгъуэщIхэри. 
- «Илъэсийм къриубыдэу «Налшык насыпым   и дамыгъэщ» зэпеуэм зэфIэкI зиIэ уэрэ­д­жыIакIуэхэр, къэфакIуэхэр, макъамэ Iэмэ­псы­мэхэм хуэIэзэхэр, сурэтыщI­хэр, ансамблхэр зэ­худошэс я ехъулIэныгъэхэр къэдгъэнэIуэн, апхуэдэ щIалэгъуалэм гъуэгу еттын, дадэIэпыкъун папщIэ. ЗэфIэкI зиIэхэр къызэры­дгъэ­наIуэр зыщыщ къэралми, лъэпкъми, зэрихьэ динми зыкIи елъытакъым, езыхэм ­гъуазджэмрэ щэн­хабзэмрэ щаIэ ехъулIэныгъэрщ псори зытет­щIыхьыр. Лъэпкъ куэдым щыщ щIалэгъуалэр зэрызэхуэтшэсым ахэр ­нэхъри зэкъуегъэувэ, - къыхигъэщащ Беты­гъуэн Iэуес. Я зэфIэкIхэр къызэрыдгъэнаIуэм къы­дэ­кIуэу, зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэу къэтлъытэр лъэпкъхэм яку ­мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ дэлъхьэнырщ. Къэралри дуней псори иджыкIэ гугъуехьхэм ­хэтми, «Налшык насыпым и дамыгъэщ» зэхыхьэм къэкIуахэр гуапагъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ я дунейм щыхьэщIащ.
Дагъыстэн Республикэм ис лъэпкъхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, зэпеуэм хэта, Джамбулатовэ М. и цIэр зезыхьэ Дагъыстэн мэкъумэш къэрал университетым и студентхэр зи унафэм щIэта Курбановэ Галинэ бысымхэм фIыщIэ къахуищIащ я зэхыхьэр екIуу къызэрызэрагъэпэщам папщIэ икIи я студентхэмрэ егъэджа­кIуэхэмрэ я нэгу зэрызиужьар, зэпеуэр гукъи­нэж зэращыхъуар къыхигъэщащ. 

Астрахань и лIыкIуэхэм я уна­фэщI Рамазановэ Зайту- нэ я гупым хэт псоми къабгъэдэкIыу фIыщIэ яхуищIащ мы Iуэхур зи жэрдэмхэм. Абы жиIащ зэфIэкI зиIэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ,            я егъэджакIуэхэм  я Iэзагъэм нэхъри хагъэ­хъуэну зэ­хыхьэм Iэмал къа­зэрыритыр. Апхуэдэ щэнхабзэ махуэшхуэ къы­зэ­зыгъэ­пэщахэм гугъуехь куэд къызэры­зэра­нэкIари зэ­­рыгу­рыIуэгъуэр къыхигъэщащ. 
Зэпеуэм хэта псоми дип­ломхэмрэ дыщэ медалхэмрэ, я егъэджакIуэхэм сертифи­катхэмрэ фIыщIэ тхылъхэмрэ иратащ. КIэух концертым щхьэ­хуэу щагъэлъэпIащ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ ­художественнэ-эстетикэ гъэ­сэныгъэ етыным илъэс куэдкIэ хуэлэжьа унафэщIхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ. СССР-р къы­зэрыунэхурэ илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ абы­хэм хуагъэфэщащ «100 лет СССР» фэеплъ дыщэ орденыр. 
Щапхъэу къалъыта «Мо­лодость Адыгеи» къэфакIуэ ансамблым и унафэщI, Кубаным щIыхь зиIэ и артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэщыкъуей Мурат и лэ-жьыгъэм ехъулIэныгъэфI­-хэр зэрыщызыIэригъэхьам, УФ-м ис лъэпкъхэм я щэн­хабзэмрэ гъуазджэмрэ хъу­мэным хэлъхьэныгъэхэр зэ­ры­хуи­щIым, дахагъэрэ ­гуапагъэкIэ цIыхубэм зэрадэгуа­шэм  папщIэ   дыщэ  ор­­денымрэ «Дыщэ глобус» кубокымрэ ­хуагъэфэщащ, ­Дунейпсо Арт комитетым и «Лица года-2022» дунейпсо зэпеуэм и лауреат щIыхьыцIэр щIыгъуу. 
Зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэмрэ къэпщытакIуэхэмрэ фIы­щIэ хуащIащ абы хэта-хэм, я унафэщIхэм, адэ-анэ­хэм: «Дунейр зэфIэкI зиIэ щIа­лэ­гъуалэкIэ къулейщ. Зэпе-уэм хэтахэм дазэрыхуэупса щIыхь тхылъхэр къахуэщ­хьэпэну, адэкIи щIэныгъэм, лэжьыгъэм, гъащIэм ехъу­лIэныгъэхэр щызыIэрагъэхьэну! Узыншагъэ, дэрэжэгъуэ фы­щымыщIэну, фи дэтхэнэ щIэдзапIэми зэфIэкIхэр щы­зыIэрывгъэхьэну!» - апхуэдэ хъуэхъукIэ зэхуащIыжащ зэхыхьэ дахэр.

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ/
Поделиться: