ПщIэ зыхуэсщI си лэжьэгъухэ!

ЩIыпIэ унафэр зезыхьэ IуэхущIапIэхэм я ­махуэмкIэ сынывохъуэхъу.
ЦIыхухэм нэхъ япэгъунэгъу мы IэнатIэм жэ­уап­лыныгъэшхуэ пылъщ. Фэ фи лэжьэкIэм, ­фи къалэнхэр зэрывгъэзащIэм елъытащ респуб­ликэм исх­эр зыхуей хуэзэу псэуныр.
Иджыпсту ди къэралым санкцэхэр къыхуа­гъэувами, муниципальнэ унафэщIхэмрэ лэ­жьа­кIуэхэмрэ жыджэру иужь итщ УФ-м и Пре­зидент Путин Владимир социально-экономикэ Iуэхухэр зэпIэзэрыту щыгъэтыным, цIыхухэр зыхуэ­ныкъуэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ къызэгъэпэ­щыным, гугъуехь хэхуа унагъуэхэмрэ цIыхухэмрэ защIэгъэкъуэным ехьэлIауэ   къытхуигъэлъэгъуа къалэнхэр гъэзэщIа хъуным. Абы щхьэкIэ фIыщIэ фхузощI.
Си фIэщ мэхъу ди къару зэхэтлъхьэмэ, лъэпощхьэпо псори къызэрызэднэкIыфынур, Къэ­бэрдей-Балъкъэрыр, Урысей псор егъэфIэ­кIуэ­ныр къызэрыдэхъулIэнур.
Узыншагъэ быдэрэ ехъулIэныгъэрэ фиIэну сы­нывохъуэхъу.

 

КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Iэтащхьэ.
Поделиться: