Марие и сурэт телъыджэхэр![]() Налшык и «Малахитовая шкатулка» арт-салоным щагъэлъагъуэ Москва щыпсэуа, илъэс зыбжанэ ипэкIэ ди республикэм къэIэпхъуэжа, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, усакIуэ, альпинисткэ Загорская Марие и лэжьыгъэхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым ещанэу Марие и сурэтхэр зэрыщагъэлъагъуэр. Выставкэр и жэрдэмщ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ. Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ Загорская Марие иужьрей илъэсым къриубыдэу ищIа сурэтхэр. Ахэр нэхъыбэу зытриухуар цIыхубз насыпырщ. Выставкэм ирагъэхьэлIащ Марие и усэхэмрэ Iуэтэжхэмрэ щызэхуэхьэса «Бусины» тхылъыщIэр. Загорскэм ар и ещанэ тхылъщ. И щхьэгъусэ Михаил пшыхьым гитарэкIэ щигъэзэщIащ Марие и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр. Налшык щхьэусыгъуэ гуэркIэ къэкIуэн хуей хъуащ Марие: шы спортымкIэ паралимп зэгухьэныгъэм зэрыхэтым къыхэкIыу, нэхъапэIуэкIэ пIалъэ кIыхькIэ Москва ибгынэртэкъым», ауэ и щхьэгъусэ Михаил Налшык къэIэпхъуэн хуей хъуати, фэтэр къащтауэ щIэсщ. ПсэупIэр къыщыхахым нэхъыбэу зытращIыхьар щхьэгъубжэм укъыдэплъым дахагъэм Iуплъэну зэрыхуейрт, сурэтыщIым, усакIуэм я дежкIэ абы мыхьэнэшхуэ иIэщи. - ПщIыхьэпIэ щхъуэкIэплъыкIэхэр си нэгу щIокI. Ахэр сигу изоубыдэри, тхылъымпIэм щызощI, - жеIэ Загорскэм. СурэтыщI Аккизовэ Имарэ и псалъэм къыхигъэщащ пIалъэкIэ зэпыуа нэужь, арт-салоным и лэжьыгъэр зэраублэжыр, щIэх-щIэхыурэ выставкэ щIэщыгъуэхэр икIи гъэщIэгъуэнхэр зэрыщекIуэкIынур. Къаныкъуэ Жаннэ жиIащ куэд щIауэ ицIыху Марие гъуазджэмкIэ иIэ зэфIэкIыр зэрыгъэщIэгъуэныщэр, ар щIэ куэдым зэрытегушхуэр.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2022 - 15:30 →
ЩIалэ гуащIафIэ
17.05.2022 - 12:40 →
ЩIалэгъуалэр литературэм драгъэхьэх
14.05.2022 - 11:00 →
ЕджакIуэхэр театрым хагъэгъуазэ
11.05.2022 - 17:55 →
ЦIыхубэ макъамэхэм я дуней
04.05.2022 - 18:36 →
«ЦIыху. Унэ. Жыг…»
|