Дунейм щыхъыбархэрНакъыгъэм и 21, щэбэт Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ махуэщ. 1864 гъэм увыIащ илъэсищэкIэ екIуэкIа зауэр.Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм 1992 гъэм мазаем и 7-м къищта унафэмкIэ щыгъуэ махуэр ягъэуващ. 2004 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм я фэеплъ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 18 - 19, жэщым градуси 9 - 10 щыхъунущ. Накъыгъэм и 22, тхьэмахуэ Биологие зэмылIэужьыгъуагъэм и дунейпсо махуэщ Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 - 24-рэ, жэщым градус 12 - 14 щыхъунущ. Накъыгъэм и 23, блыщхьэ Шылъэгум и дунейпсо махуэщ Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 18 - 19, жэщым градус 12 - 13 щыхъунущ.
Поделиться:
Читать также:
18.04.2024 - 16:13 →
НОБЭ
17.04.2024 - 11:48 →
Дунейпсо щIэиным и махуэ
17.04.2024 - 11:43 →
НОБЭ
16.04.2024 - 15:51 →
Вагъуищым я нэхъ цIыкIум
16.04.2024 - 11:18 →
Псалъэжьхэр
|