ГъэщIэгъуэнрэ купщIафIэу

Адыгэхэм я бзэр дуней псом щынэхъ пасэрей дыдэхэм, гъэщIэгъуэныщэхэм, купщIафIэхэм ящыщ зыщ. Шэч хэмылъу, а зырауэ щытынкIэ ­мэхъу Азие Ипщэм щыIауэ кIуэдыжа бзэхэм я щэхухэр къэхутэнымкIэ «IункIыбзэIух» хъуфынури. Зэгуэр лъэщ дыдэу щыта бзэ зэлъэпкъэгъухэм я зы пыудахуэ абхъаз-адыгэхэм я бзэм къыпкърыкI ­къарум къуегъащIэ ахэр зыхэпсэукI дунейр зэхэ­зы­щIыкIыфынур акъылкIэ даIуэ цIыхурауэ зэры­щытыр.
Мессарош  Лайош,
венгр щIэныгъэлI. 1839 гъэ

Адыгэбзэм и лъапсэгъущ

Абхъаз-абазэбзэмрэ убыхыбзэмрэ я лъапсэгъущ адыгэбзэр. Зы лъэхъэнэм мыхэр зы бзэу щытащ, нэхъ иужьыIуэкIэ абы ирипсалъэхэм яку дэлъ ­зэгурыIуэныгъэр яфIэкIуэда щхьэкIэ.
А бзэхэм емылэжьым дежкIи нэрылъагъущ абыхэм зы лъабжьэ зэраIэр, зы гупсысэм къызэригъэщIар.
Хелиг  Моникэ,
нэмыцэ бзэщIэныгъэ лэжьакIуэ. 1988 гъэ

Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ