Чэнджэщ пщыкIубгъу

Гъэсэныгъэ

Италием щыщ бзылъхугъэ Мария Монтессори етIощIанэ лIэщIыгъуэм и педагогикэм хэлъхьэныгъэшхуэхэр хуищIауэ щытащ. И къэралым и тхыдэм япэ дохутыр цIыхубзу хэувэри, и гъащIэ псор сабийхэм яхуэлэжьэным триухуащ. Абы къызэригъэпэщащ сабийхэр сыт и лъэныкъуэкIи зыужьыныгъэрэ зэкIуныгъэрэ яхэлъу къэхъун папщIэ зихуэдэ щымыIэ системэ, зэхигъэуващ адэ-анэхэм папщIэ гъэсэныгъэмкIэ фIыгъуэшхуэ зыпылъ чэнджэщ щхьэпэ кIэщIхэр. КъызэрыгуэкIыу, итIанэми Iущагъышхуэ къахэщу.
Абыхэм ящыщу зыбжанэ нэхъ мыхъуми фытетмэ, фи сабийхэмрэ фэрэ куэдкIэ нэхъыфIу фызэхущытынущ, езыхэри зигу илъ цIыху зэтету къэтэджынущ.
Мис ахэр:
1. Сабийр илъагъум егъасэ.
2. Сабийм ныкъусаныгъэ къыхуагъуэтреймэ - дагъуэ къилъыхъуэу йосэ.
3. Сабийм щIэх-щIэхыурэ щытхъумэ – фIыр къилъагъуу йосэ.
4. Сабийм бииныгъэ хэлъу бгъэдыхьэмэ – зэуэрей мэхъу.
5. Сабийм пэжыгъэкIэ бгъэдэтмэ – захуагъэ зыхелъхьэ.
6. Сабийм щыдыхьэшхреймэ – щтэIэщтаблэ, тегушхуэныгъэншэ мэхъу.
7. Сабийр шынагъуэм пэIэщIэу къэхъумэ – дзыхь иIэу къотэдж.
8. Сабийм куэдрэ и напэ трахмэ – къуаншэу зибжыжу йосэ.
9. Сабийм арэзы дэхъуреймэ – и щхьэ игъэлъапIэу йосэ.
10. Сабийм хуагъэгъуреймэ, зэхащIыкIмэ – шыIэныгъэ зыхелъхьэ.
11. Сабийр ягъэгушхуэреймэ – игурэ и щхьэрэ зэтелъу къохъу.
12. Сабийр ныбжьэгъугъэм щIапIыкIрэ адрейхэр къызэрыхуэныкъуэр зыхищIэмэ – дунейм лъагъуныгъэр къыщигъуэтыфу йосэ.
13. Сабийм Iей хужывмыIэ – зэхихыуи зэхимыхыуи.
14. Сабийр фIым хуэузэщIыным фелIалIэ, иужькIэ Iейм зыужьыныгъэ щимыгъуэтыжын хуэдэу.
15. Сабийм зыкъыфхуигъазэмэ, сыт щыгъуи жиIэм фыщIэдэIуи, жэуап ефт.
16. Щыуагъэ зыIэщIэкIа сабийм пщIэ хуэфщIи, и щыуагъэр асыхьэту е иужькIэ зэригъэзэхуэжынщ.
17. Зыхуейр къэзылъыхъуэ сабийм фыдэIэпыкъуну фыхьэзыру фыщыт. Псори къэзыгъуэтам и дежкIэ нэрымылъагъуу фыщыт.
18. Сабийм япэкIэ имыщIар евгъащIэ. Абы щыгъуэм фи хъуреягъыр гулъытэкIэ, тэмакъкIыхьыгъэкIэ, щэхугъэкIэ, лъагъуныгъэкIэ вгъэнщI.
19. Сабийм зыщыхуэвгъазэкIэ сыт щыгъуи фIы евгъэлъагъу – фэ фIыуэ фхэлъым и нэхъыфIыр зыхевгъалъхьэ.
 

 

Кърымщокъал Маринэ.
Поделиться: