ЛIэщIыгъуэхэм къадэгъуэгурыкIуэ

Пасэрей алыджыбзэм къытепщIыкIа а псалъэмкIэ («топос» - «щIыпIэ», «onoma» - «цIэ», «фIэщыгъэ») бзэщIэныгъэм и зы къудамэ псо къызэщIрагъэубыдэ.

ЩIы Хъурейм и гущIыIум щыхагъэбелджылыкI щIыпIэхэм цIэ зэрыфIащ щIыкIэр, абыхэм кърагъэкIыр, я тхыкIэр, я къэпсэлъыкIэр, зэманым зэрызригъэхъуэжыр зэхэгъэкIыным, къэхутэным телажьэ щIэныгъэр лъэ быдэкIэ мы дунейм зэрыщыуврэ куэд щIакъым. Ауэ щIыналъэм и зэхэлъыкIэм «ирапэс» фIэщыгъэхэм я IукIэм дихьэхыу, ахэр зигу изыубыдэ, уеблэмэ зэхуэзыхьэс цIыхухэр сытым щыгъуи щыIащ.   

- Дэтхэнэ зы къэралми и гъащIэм, и убзыхукIэ-зэхэтыкIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэщ лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэмрэ бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ къахэкIа фIэщыгъэхэр зэхуэзыхьэсыж щIэныгъэр, - и тхыгъэхэм ящыщ зым и гупсысэхэмкIэ къыщыддогуашэ щIыпIэцIэхэр джынымкIэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Мурзаев Эдуард. - ЩIыналъэм и зэхэлъыкIэр къэзыгъэлъагъуэ щIыпIэцIэхэр икъусыкъужкIэ гъэщIэгъуэну икIи плъыфэбэу зэхэухуэнащ. Сабийм зыгуэр къыгурыIуэ зэрыхъуу, япэ дыдэу игу ириубыдэ псалъэхэм ящыщщ щIыпIэцIэхэр.

«ЦIэ-унэцIэ» яIэщ хытIыгухэми, хыжьейхэми, губгъуэ щхьэхуэхэми, Iуащхьэхэми, хъупIэхэми, псыпцIэхэми, къуэкIийхэми, псы ежэххэми, къалэхэми, къуажэхэми, ахэр зыхиубыдэ къэралхэми. Шэч хэлъкъым щIыпIэцIэхэр цIыхубэм лIэщIыгъуэкIэрэ къагъэщIа, къагупсыса, зэхалъхьа хъугъуэфIыгъуэу зэрыщытым.

Мурзаевым зэрыжиIэмкIэ, топонимикэр (щIыпIэцIэхэр) зэхуэзыхьэсыжхэм, ахэр зыджхэм, я нэхъ мащIэрауэ, щIэныгъищым - лингвистикэм, тхыдэм, географием - хащIыкIыу щытын хуейщ.

ЩIыналъэм и зэхэлъыкIэр къэзыгъэлъагъуэ, абы ехьэлIа дэтхэнэ зы фIэщыгъэри мыхьэнэ гуэр имыIэу дунейм къытехьакъым, зыхуэгъэзам ауэ сытми кIэрапхакъым. Языныкъуэ псалъэхэр гурыIуэгъуейуэ къыщIытщыхъуми щхьэусыгъуэ иIэщ: бзэхэм замыхъуэжу, ахэр зы пIэм идиихьауэ щыткъым, абыхэм заужьыху жыIэгъуэ гуэрхэр мэбзэх, нэгъуэщIхэр дунейм къытохьэ, апщIондэхункIи языныкъуэ псалъэхэм къарыкIыр тхузэхэгъэкIыжыркъым.

ЩIэныгъэлIхэм я нэхъыбапIэм зэдэарэзыуэ къыхагъэщ, тхыдэм къыщыхъу-къыщыщIэхэр зэкIэлъыгъэкIуауэ къыщыгъэлъэгъуэжа «гъуджэу» («утыку зэIухауэ») топонимикэр зэрыщытри, къэхъукъащIэ телъыджэхэм теIукIа хъыбарыжьхэр языныкъуэ фIэщыгъэхэм я щIыбагъ зэрыдэтри. А зыр и пщалъэщ топонимикэр тхыдэ щIэныгъэм быдэу зэрыпыщIам.

Бзэ щIэныгъэр и щыхьэтщ, щIыпIэцIэхэр къызэрежьам хуэдэу зэрахъумам и фIыгъэкIэ, анэдэлъхубзэм е абы и лъабжьэгъу адрей бзэхэм хэбзэхыкIыж хъуа псалъэхэр къызэрызэтенэм.

ЩIыпIэцIэхэр тхыдэ гъуэгуанэ зэпызыупщIа лъэпкъым и гупсысэкIэмрэ и щэнхабзэмрэ я щIэинщ, зэман блэкIамрэ ди нобэмрэ я гъуазэщ, дунейм цIыхухэр къызэрытехьэ лъандэрэ къагъэщI «тхыпхъэщIыпхъэ» гъуэзэджэщ, - жиIауэ щытащ топонимикэр джыным зэман куэд тезыгъэкIуэда академик Михачёв Станислав.

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.
Поделиться:

Читать также:

17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр
16.04.2024 - 07:08 НОБЭ