«Ашэмэз и бжьамийм» къахуоджэ

Республикэм и Сабий библиотекэ ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэм щрагъэкIуэкIащ «Нарт хъыбархэр» пшыхьыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэралыгъуэр илъэси I00 зэрырикъум хуагъэхьэзырар.

Зэхыхьэм ирагъэблэгъащ Налшык къалэм и сабий гъэсапIэ №35-м екIуалIэ цIыкIухэр. Библиотекэм и лэжьакIуэхэр абыхэм къахуеджащ «Ашэмэз и бжьамий» пшыналъэм,   адыгэ IуэрыIуатэм щыщ нэгъуэщI   лIыхъужьхэми яхутепсэлъыхьащ.   

Къапщтэмэ, лъэпкъ IуэрыIуатэри, щэнхабзэри, хабзэри щызэхэухуэна «Ашэмэз и бжьамий» пшыналъэр IыхьитIу зэхэт теплъэгъуэр гъэщIэгъуэнщ, гукъинэжщ.   Нарт щIыналъэм гуфIэгъуэ ин къихъуащ – Ашэмэз зыфIаща щIалэр къахэхъуащ. Нартхэм я тхьэмадэ Нэсрэн ЖьакIэ щIалэ цIыкIум хъуэхъу хужеIэ. Сэтэней-гуащэ Ашэмэз тыгъэ хуещI гъавэм и Тхьэ Тхьэгъэлэдж зэгуэр ейуэ щыта, зи кIапэ лъэныкъуэр хужь, адрей лъэныкъуэр фIыцIэ бжьамийр. Хужь лъэныкъуэмкIэ уепщэмэ, дунейр мэгъагъэ, фIыцIэмкIэ уепщэмэ, псэ зыIуту дунейм тетыр мэбзэх. ФIым, насыпым, лъагъуныгъэм и макъамэр Ашэмэз игъэIуну мэхъуахъуэхэр. ЦIыкIухэм зыхащIыкIащ пшыналъэм щIэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр - нартхэм я зэманым насып зыхуэфащэр насыпкIэ цIыхухэм ядэгуашэу щытар зэрыарар.

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: