ПщIэ зыхуэсщI си хэкуэгъухэ! Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Урысейм и махуэмкIэ!
А махуэшхуэм зэкъуегъэувэ ди къэралым щыпсэу цIыху псори, ар мэхъу лъэхъэнэхэмрэ щIэблэхэмрэ зэпызыщIэ, тхэлъ хэкупсэ хабзэхэмрэ граждан жэуаплыныгъэмрэ, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэмрэ ди Хэкум дызэрыхуэпэжымрэ къэзыгъэлъагъуэ нэщэнэ нэхъыщхьэ.
Нобэ дэ тщыщ дэтхэнэми гурэ псэкIэ зыхещIэ зы къэрал лъэщым и зы Iыхьэу дызэрыщытыр, ар мы зэманым зэрыт щытыкIэмкIи и къэкIуэнумкIи жэуап зэрихьри къыгуроIуэ. КъикIуа илъэс мин бжыгъэ тхыдэм къриубыдэу ди Хэкум бгъэдэлъ быдагъэр зэкъым къызэрапщытар. Мис иджы аргуэру зыгуэрхэр хущIокъу Урысейм щыщыIэ зэпIэзэрытыныгъэр къагъэтIэсхъэну, абы дуней псом щиIэ мыхьэнэ иныр ягъэлъэхъшэну. Си фIэщ быдэу мэхъу ар зыми зэрыхузэфIэмыкIынур. Иджырей зэпIэщIэувэныгъэми ди къэралыр къызэфIигъэщIэнукъым, игурэ и щхьэрэ зэтелъу ар ипэкIэ кIуэтэнущ, дуней псом щиIэ лъэщагъымрэ къыщыхуащI пщIэмрэ нэхъри щIигъэбыдэнущ. А Iуэхугъуэхэм лъабжьэ быдэ яхуохъу ди жылагъуэм и гупсысэр зым хуэунэтIауэ, Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъ псори, иджы хуэдэу зэи къэмыхъуауэ, зэкъуэту, зэрыIыгъыу зэрыщытыр, сыт хуэдэ къэхъукъащIэми хуэфэщэн жэуап еттыну дызэрыхьэзырыр. Дэ ипэжыпIэкIэ дропагэ ди Хэкум икIи ди фIэщ мэхъу абы къэкIуэну дахэ зэриIэр.
Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ фиIэну, мамыру, фефIакIуэу, Урысей къэралым ифI къызэрыкI фи Iуэху псори къывэхъулIэну.