Псэлъыхъу хъыжьэр щIегъуэжащ

Нэхъ пасэу хэIущIыIу хъуауэ щыта, Узбекистаным щыщ щауэмрэ нысащIэмрэ  хеящIэ пащхьэм  ираджэри, къеущияхэщ. 

«Унагъуэмрэ бзылъхугъэхэмрэ я къэрал комитет» фIэщыгъэр иIэу Узбекистаным щыIэм хъыбар зэбгритыкIащ мэкъуауэгъуэм и 6-м  цIыхухэр зыгъэпIейтея  къэхъукъащIэм теухуауэ. НысащIэри абы зи Iэ къыхуэзыIэта  и щхьэгъусэри  судым ирашалIэри, административнэ тезыр къытралъхьащ. Езы тIуми, абыхэм я адэ-анэми чэнджэщ щхьэпэ иратащ. ЩIалэмрэ хъыджэбзымрэ «Толтугай» хьэблэм щыщт. ХьэгъуэлIыгъуэр здекIуэкIым, псынщIэу зэкIуэцIыхын хуей кIэнфетхэр хъыджэбзым (2003 гъэм къалъхуащ)  япэу игъэIэкIуэлъэкIуати, ар зигу темыхуа щIалэр (1997 гъ.)  абы IэштIымкIэ еуащ. Псори къыщыхъуар Сурхандарьин областым хыхьэ Узун районым щыIэ  щауэм и унэрт. 
Узун районым и Хабзэхъумэ къудамэм къэхъуар щызэхагъэкIри, щIалэми нысащIэми нэхъыжьхэр ирагъэпсэлъащ.  Унафэ ящIам ипкъ иткIэ, щауэм ахъшэ тезыр тралъхьащ.  «Мыр къыщыхъуар Кавказрамэ, а щIалэм щыщ къыханэнтэкъым, - зэхуатх Узбекистаным щыщхэм. – Ди Хэкум и напэр трихащ а щIалэм». Зыми къыгурымыIуар зыщ – нысащIэри сыт суд пащхьэм щIрашар?
Ди жагъуэ зэрыхъущи,  ди цIыхубзхэри Iэгум ису кърахьэкIыркъым.  «Узигъусэр къызжеIи, узищIысыр бжесIэнщ», - жеIэ псалъэжьым. Абы нэхърэ нэхъ жыжьэ макIуэ  хьэдисыр тегъэщIапIэ зыщIа КIыщокъуэ Алим и «Лъапсэ» романым и  щIагъыбзэр: фи цIыхубзхэм я щытыкIэр къызжефIи, фызищIысыр вжесIэнщ. 
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: