НэщIэпкIэрэ пэт ищIэфым еплъ…

 ХХ - нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм хы ФIыцIэм щыкуэдт къэралыгъуэ щхьэхуэхэм я шхыныгъуэ лъапIэхэм хабжэ « устрицы», « мидий», « гребешки» жыхуаIэ моллюскэхэр. Къапщтэмэ, тхакIуэшхуэ Фазиль Искандер и Абхъаз хъыбархэм щIэх - щIэхыурэ ущрохьэлIэ, хым зыщIагъэмбрыуэурэ мидийр къыхахыу зэрыщытам. Ар лъапIэу ящэхурти, абыкIэ мылъку зыщIхэм мыбауэу псы щIагъым куэдрэ щIэтыф щIалэ цIыкIухэр   ягъэлажьэрт. Абы лъандэрэ зэман дэкIащ, нобэ хы ФIыцIэм а зи гугъу тщIы псэущхьэхэр улъыхъуакIи щыбгъуэтыжынукъым - рапанэкIэ зэджэ нэщIэпкIэ лIэужьыгъуэм псори зэщIикъуэфащ.

 Гъэмахуэм хы ФIыцIэ Iуфэм зыщызыгъэпсэхухэм къыздахь хабзэщ «хым и макъыр зэрыт» ракушкIэ инхэр. АтIэ мис ар зи гугъу тщIы рапанэм и унэщ. Зы цIыхуми ищIэркъым ахэр хы ФIыцэм сыт щыгъуи хэсауэ фIэкIа. А моллюскэ лIэужьыгъуэр Хэку зауэшхуэр къэхъеин и пэ (1940 гъэхэм) КъуэкIыпIэ ЖыжьэмкIэ къикIыжа ди  советскэ кхъухьхэм ящыщ зым кIэрысу зэрымыщIэкIэ къыздихьауэ хуагъэфащэ.

А къыздикIа щIыпIэм ахэр зыми зэран щахуэхъуртэкъым, нэщIэпкIэхэр зи шхыныгъуэ « хы вагъуэхэр» щыкуэдти. Арати, зыри къащемыныкъуэкъу хы ФIыцIэм щыбэгъуащ.

АтIэ, щхьэ хы ФIыцIэм хамыутIыпщхьарэ а «вагъуэхэр» жыпIэнщи, ари хъунукъым - ямызэгъын хуэдизу хы ФIыцIэр мышущ.

2000 гъэхэм рапанэр къыщыхутащ Америкэм и Чесапикскэ хыдэжыпIэми. Абы лъандэрэ а щIыпIэм щагъуэтыжыркъым тIууэ зэтекI моллюскэ цIыкIухэр.

ЩIым зэран щыхъу нэщIэпкIэхэри щIыуэпсым нэхъ щымащIэкъым; 1966 гъэм Америкэм и Флоридэ штатым щыщ зы унагъуэ Гавайе хытIыгум зыщагъэпсэхуу здэщыIэм, я къуэ цIыкIум къилъэгъуащ жыгым кIэрыс нэщIэпкIэ гъумыщIэр. Абы сантиметр 30 и кIыхьагът, и хьэлъагъыр грамм 200 - м нэсырт. Сабийм и лъэIукIэ ар щыкIуэжым здахьащ икIи мазэ зыбжанэм къриубыдэу я гъунэгъухэм я хадэхэр зэщIащтащ. ПсынщIэу багъуэ нэщIэпкIэр ауэрэ нэсащ а штатым и щIыпIэ псоми.

Флоридэм ар щагъэкIуэдын папщIэ илъэси 4 - кIэ ирагъэкIуэкIын хуей хъуа лэжьыгъэм псори зэхэту доллэр зы мелуаным нэс трагъэкIуэащ. Абы щхьэкIи къэмынэу, «ахатина» нэщIэпкIэм Америкэм и ипщэ штатхэр къанэ щымыIэу зэщIищтащ.

2000 гъэм щыщIадзэри ахэр къыщыхутащ ипэкIэ здэкIуэну ямыгугъа ищхъэрэ щIыналъэ щIыIэтыIэхэми. Ноби абыхэм щысхьыншэу  гъавапкъэхэр, жыгхэр, къэкIыгъэ щхъуантIэхэр зэтрашхыхь, ауэ псом нэхъ зыгъэпIейтейр цIыхумкIэ шынагъуэ эозинофильнэ менингит узыфэри зэрызэрахьэрщ. Зыми къыхамыхыу зы унагъуэм здахьа зы нэщIэпкIэ закъуэм и Iэужьым нобэр къыздэсым къэралыр йобэн.

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: