ГущIагъщIэлъхэр

ГущIэгъу яхуэщI мэжалIэм ихь пщылIми хъугъуэфIыгъуэм хэс пащтыхь пэлъытэми. Дэ, псоми, а зы шэмэджыдзэрщ къытпэплъэр. НэуфIыцIщхьэрыуэу къытхуэкIуэ мэкъуауэ шынагъуэжьым и шэмэджыдзэр.
***
ГъащIэр зэшыгъуэурэ нэщIыпсу блокI. ТелъыджэхэмкIэ бгъэнщI хъуну гъэхэр. Махуэхэр. Дакъикъэхэр… Ди Тхьэ, щхьэ къыдэпта-тIэ а фалъэ дахэшхуэр, зэшыгъуэрэ бэмпIэгъуэрэ фIэкIа кърищIэбгъалъэ мыхъунумэ?!
***
Нэгъэсауэ сыкъэпцIыхуну ухуеймэ, укъыздэдыхьэшхыурэ, си дыхьэшхым кIуэцIрыплъыф.
***
ДунеягъэкIэ къытхуэмыгъуэт куэдым ахърэткIэ дыщагъэгугърэ абыкIэ зытедгъэужу цIыхухэр игъащIэми допсэу. Ауэ ахърэтым трыжаIыхьхэми сэ къасхухэгъуатэркъым мы гугъапIэр нэсу къызэзытын: зэи зыми зыкIи сыIэщIэмылъу, сызыхуейр сызэрыхуейуэ фIыуэ слъагъуу, слъагъу мыхъур щIэхъумэ лъэпкъ хэмылъу Iумпэм сщIыфу, псо дыдэр мыхъуми, си гур зыхуэпхъэм я нэхъ пажэхэм си Iэр лъэIэсу слъагъуныр… апхуэдэ гухэхъуэрэ хуитыныгъэ нэсрэ дэ зэи дгъуэтынукъым, ауэ щыхъукIэ, цIыхум и трагедие нэхъ инхэм ящыщ зыр а жэнэт дыдэми щегъэзащIэ: щожыIэдаIуэ.
***
«Напэ!.. Напэ!.. Хэт ищэхун напэ!..» - мэкIий напэ мыхъумэ нэгъуэщI къызыхуэмына цIыху тхьэмыщкIэр… Бэзэрыр мэдыхьэшх. ЖармыкIэр зэкIуэцIоч. Зыри хуеижкъым, зыми иIэжкъым напэ… Ауэ псоми кIапэ япытщ. ШыдыкIэм нэхъ ещхьу. Дыщэ лэрыпсхэр хэщIауэ… СхузэхэгъэкIкъым: мыр пщIыхьэпIэ? Хьэмэ-э-э?..
***
Пэжкъым! Сыарэзыкъым! Си фIэщ зэрыпхуэщIын щыIэкъым сэ зыми сримыщIысу. Ауэ сытми щхьэбжыгъэу дунейм сыкъытехъуауэ. Сыкъызэрытехъуам ещхьыркъабзэуи лъэужьыншэу сытекIыжыну… СытекIыжынущ. Къытехьауэ абы темыкIыж щыIэкъым. Ауэ сэ сщыщу дунейм къытенэнущ си бампIэ гызхэр. Си гукъутахуэхэр. ГъащIэм гуэсщэну сызыхэта си псысэ-щIэинхэр. Iэ пхъашэ куэдым яукъуея, гу пхъашэ куэдым дыхьэшхэн ящIа си щыуагъэ IэфIхэр… Щрепсэу ахэр сэ сыщымыпсэуфа мы дунейм. Зи IэфIым сылъэмыIэса мы дуней дахэшхуэм.
***
Къызыщызогъэхъу адыгэм гений къытхэкIауэ. (ТхьэхужыIэу жыпIэмэ, абы егъэлеяуэ зыри хэлъкъым: гений хъупхъэ куэд ди тхыдэ гущIэгъуншэм зэрыхэкIуэдам сэ шэч къытесхьэркъым). Къызыщызогъэхъу а гений къытхэкIар псоми къабыл тщыхъуарэ абы и IуэхущIафэхэм зэрылъэпкъыу дригуфIэу… (Мис ар фIэщщIыгъуейщ, ауэ, жысIаи, мыр къызыщызгъэхъуу аркъудейщ…) Япэрауэ, гений къытхэкIам Iэгу ин дыхуеуэнут, хъуэхъу ин хуэдгъэшынут, тхьэпэлъытэу дгъэIунути, гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр зэрыблэкIыу, пэдубыду щIэддзэнут: «Моуэ жыIэ!», «Мыпхуэдэу щIы!», «Мыр тхы!», «Мор уб!», Мыбы щытхъу!», «Мобы зыхуэгъэщхъ!», «Мобыхэм жаIэм утемыкI!» Апхуэдэ куэдым щIэдгъэдэIуурэ жыIэдаIуэ тщIа нэужь, дэ диIэнур гений къызэрыгуэкIтэкъым, - гений сэкIат.
***
Дунейм сыкъызэрытехьэрэ сэ къызолъыхъуэ дунейм сыкъыщытехьэм сыкъызэрагъэгугъа гуэр: насып… ПцIышхуэ къызэрысхуаупсар нэрылъагъу хъуагъэххэ пэтми.
***
Апхуэдэу уи гур умыухыжыт, ныбжьэгъу, Тхьэм и шыкуркIэ иджыри цIыхуфI куэд тетщ зэIыхьауэ жыхуэпIэ мы дунеижьым: и Iэр къиIэту игъащIэм къомыуауэ, къомыхъуэнауэ, уимыубауэ, къыпкIэщIэмытхыхьауэ, гыбзафэ лъэпкъ пхуимыгъэшауэ… ЖыпIэнуракъэ, къыпхуамыщIаIами, зэкIэ къуамыщIэфаIауэ, дунейм утетми утемытми ямыщIэу… УигукIэ ехъуэхъу мис абыхэм… Гу къыплъатэу кIасэ мыхъу щIыкIэ.
 

 

IутIыж Борис.
Поделиться: