Бэдж бзаджэу «фызабэ фIыцIэ»

Бэдж нэхъ Iэл дыдэхэу щхъухь бзаджэ зезыхьэхэм ящыщщ «каракурт» - кIэ зэджэр. Мыбы и щхъухьыр «гремучая» жыхуаIэ блэм ейм нэхърэ хуэдэ I5-кIэ нэхъ гуащIэщ.
И латин фIэщыгъэм, «Latrodectus tredecimguttatus» - м, и теплъэр зыхуэдэр къегъэлъагъуэ: «зи ныбэгум бжьыгъэу 30 зытет» жыхуиIэщ. Абы «фызабэ фIыцIэкIи» йоджэ. Тыркубзэм къыхэкIа «каракурт» фIэщыгъэр IыхьитIу зэхэлъщ: «кара» - «фIыцIэ», «курт» - «хьэпIацIэ». Апхуэдэ цIэ бзаджэ абы щIытрагъэIукIам и щхьэусыгъуэр, щIэжьей игъуэта иужькIэ, алъандэрэ къыдекIуэкIа хъум удын бзаджэ зэрырихырщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, иужьрейр абы йолIыкI.
     Каракуртым и инагъыр зэрыхъур: бзым – миллиметри I0-20, хъум – 4-7 хуэдизщ. ТIури фIыцIэщ, я ныбэм бжьыгъэ плъыжь телъщ, языныкъуэхэм деж абы аргуэру хъурей хужь цIыкIу къекIуэкIыжу. БалигъыпIэ «иува» бэджхэм яхэтщ зи фэр фIыцIэ защIэу зэщIэцIууэжхэри.
«Фызабэ фIыцIэм» ущрохьэлIэ Къыргъызым и бгылъэ щIыпIэхэмрэ Къэзахъстаным и губгъуэ шэкъракъхэмрэ, Астрэхъан областым и Iэхэлъахэм, Азие Курытым, Ираным, Афганистаным, Хы Щхъуэм (ЩIы Курытых, Средиземнэ) и Iуфэхэм, Енисей и псыIум, Африкэ Ищхъэрэм, Европэ Ипщэм, Хы ФIыцIэмрэ Азыкърэ (Азов) я Iуфэхэу къуэкIыпIэмкIэ щыIэхэм, зэрыщыту къатщтэмэ, Кавказышхуэм и лъэныкъуитIымкIи. Бэдж фIыцIэм ущыхуэзэнкIэ хъунущ Оренбург, Курган областхэм, Украинэм и Донецк, Мариуполь къалэхэмрэ абыхэм я Iэхэлъахэхэмрэ.
Мы бэдж лIэужьыгъуэр щыкуэдщ Ростов, Алтай, Новосибирск областхэми. 20I0 гъэм каракурт бэдж къыщагъуэтащ Волгоград къалэм егъэщIылIа щIыналъэми. Дунейр щыхуэбащэхэм деж «фызабэ фIыцIэр» нэхъ ищхъэрэжкIи йоIэпхъух, Мэзкуу къалэшхуэм и Iэгъуэблагъэм нэсу.
Нэхъыбэу мыхэр щопсэу къыр зэхуакухэм, псыежэххэм я ныджэхэм, къуэкIий дурэшхэм, щыхупIэхэм, дзыгъуэ, щIыIуб ипщхьэпIэхэм, щIы щхьэфэ къэчахэм, губгъуэ явам кърана вагъэбдзумэ зэгъэдзэкIахэм. Ауэ каракуртым и щIасэкъым къум нэщIхэм я щIы щхьэфэ пщтырхэр, шэдылъэ-псыIагъэ здэщыIэхэр, удз Iув, гъурц, къуацэ-чыцэ хуэдэхэр. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ мы бэджыр псэ зыIутхэм ящыщу нэхъ зыщышынэр хьэдзыгъуанэмрэ цыжьбанэмрэщ.
Гъэмахуэ, бжьыхьэ хуабэхэм каракуртым и IутIыжыгъуэщ. Къыхэгъэщыпхъэщ мы бэджым езыр-езыру уи гугъу къызэримыщIынур. Ауэ, зэрымыщIэкIэ улъэIэсын е укIэрыхъыжьэн хуей хъуамэ, къыпхуигъэгъунукъым - занщIэу къодзэкъэнущ.
«Фызабэ фIыцIэр» зэхуэдэу йогуауэ псэущхьэхэми цIыхухэми. Ар зылъэIэса цIыхур асыхьэту бауэкIэщI мэхъу икIи дзэкъапIэр здэщыIэм деж къыщыщIэдзауэ и Iэпкълъэпкъыр зэрыузыр зыхищIэу щIедзэ. И гур псынщIэу мэлажьэ, илъри ирехужьэ, и щхьэр мэуназэ. А псом и гущIыIужкIи, бэдж бзаджэм и щхъухьыр зылъэIэса цIыхум и нэкIур мэундэрабжьэ, пщIэнтIэпсыр къехуэхыу мэкIэзыз, и нэхэр топым хуэдэу къопщ. «Фызабэ фIыцIэр» зэдзэкъар хэпсэлъыхь, и гур «фIэкIуэда» хуэдэу мэхъу. Каракуртыр зэуа цIыхур абы щилIыкIи щыIэщ. Бэдж фIыцIэм и зэран хуабжьу йокI дзыгъуэ лIэужьыгъуэхэми, шыхэми, махъшэхэми, Iэщышхуэми. Ауэ хьэм, дзыгъуэнэфым, амфибием, блэхэмрэ шындырхъуохэмрэ зэрарикур нэхъ мащIэщ.
Каракуртыр зэдзэкъа цIыхур Iэмал имыIэу сымаджэщым псынщIэу шэн хуейщ. Ауэ, апхуэдэм гу уз е нэгъуэщI узыфэ гуэр къыпкърыхьа фIэкIа зэрыпщIэн мы дунейм теткъыми, абы и лажьэр дохутырхэм псынщIэу щахузэхэмыгъэкIыр нэхъыбэщ.
Тепсэлъыхьыпхъэщ бэдж фIыцIэм зэрызыщыпхъумэн хуей щIыкIэми. Дауи, псом япэрауэ, абыхэм ящыщщ, каракуртыр щыпсэу щIыпIэхэм, Iэмал иIэххэмэ, къыщымыувыIэныр, мэзым, губгъуэхэм лъапцIэу къыщымыкIухьыныр, абдеж ущыгъуэлъынумэ, упщIэ, щIакIуэ, уэншэку гъэпща, брезент хуэдэхэр щыубгъуныр, мэкъу, хьэуазэ щызэтеплъхьэкIэ, Iэлъэ зыIэрытIэгъэныр, гъуэншэдж лъапэр дэупщIэныр, шырыкъу е нэгъуэщI вакъэ Iув зылъытIэгъэныр, укъыщыувыIа щIыпIэм деж щылъ мывэхэр зумыгъэдзэкIыныр, пIалъэкIэ егъэзыпIэ пщIа пщыIэхэм, чэтэн унэ цIыкIухэм я щIыхьэпIэхэр Iухауэ къыумыгъэнэныр, нэгъуэщIхэри. А псом я щхьэжу, ищхьэкIэ дызэрыщытепсэлъыхьащи, бэдж фIыцIэхэм уахуэзэ хъужыкъуэмэ, ахэр сыт и лъэныкъуэкIи зэрумыгъэпIейтеиным яужь ит.
ПЩЫХЬЭЩIЭ Хьэмзэт.
 Къулъкъужын Ипщэ къуажэ.

Зыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ