НОБЭ

Тхьэмбылым лышх узыфэр къемыуэлIэным хуэгъэпса дунейпсо махуэщ
ГъущI гъуэгу лэжьакIуэм и дунейпсо махуэщ
ШыщхьэуIум и I – 7-хэр Сабий цIынэхэр анэ быдзышэкIэ гъэшхэным къыхуеджэным и дунейпсо тхьэмахуэщ
УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я тылым и махуэщ
Урысейм и Инкассаторым и махуэщ
Япэ дунейпсо зауэм хэкIуэда урысей сэлэтхэм я фэеплъ махуэщ
Азербайджаным щагъэлъапIэ я алыфбеймрэ я бзэмрэ я махуэр
Зи хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэщ
Китайм щагъэлъапIэ я цIыхубэ-щхьэхуитщIыжакIуэ армэр къыщызэрагъэпэща махуэр
1885 гъэм
япэ дыдэу уэгум зиIэтащ Можайский Александр ищIа кхъухьлъатэм.
1900 гъэм Германием къыщызэрагъэпэщащ «Боруссия» футбол клубыр. Ар дуней псом щынэхъ лъэрызехьэ гупхэм ящыщу къалъытэ: я къэралым тхуэнейрэ и чемпион хъуащ, УЕФА-м и Кубокыр 1975, 1979 гъэхэм къихьащ.
1914 гъэм Япэ дунейпсо зауэм щIидзащ.
1924 гъэм Бэракъ Плъыжь орденыр къащтащ
1927 гъэм Ленинград областыр къызэрагъэпэщащ.
1936 гъэм Германием и къалащхьэ Берлин къыщызэIуахащ ХI Гъэмахуэ Олимп джэгухэр. Ахэр шыщхьэуIум и 16 пщIондэ екIуэкIащ.
1939 гъэм Совет Союзым и ЛIыхъужьым и «Дыщэ Вагъуэ» медалым теухуа унафэр къащтащ.
1939 гъэм Москва къалэм щызэхэтащ ВДНХ-р - къэралым и цIыхубэ хозяйствэм и ехъулIэныгъэхэр щагъэлъэгъуэну выставкэр – къызэрызэIуахым ехьэлIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр.
1958 гъэм «Iуащхьэмахуэ» журналым и япэ номерыр дунейм къытехьащ.
1964 гъэм «Маяк» къэрал радиостанцым и япэ нэтыныр эфирым кIуащ.
1967 гъэм Бахъсэнрэ Тэрчрэ къалэ хъуащ.
1892 гъэм къалъхуащ КъБАССР-м мэкъумэш IэнатIэм зыщегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, Зеикъуэ щызэхэта колхозым и унафэщIу щыта. Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Бырс Анзор.
1923 гъэм къалъхуащ телевиденэм и диктору щыта, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Леонтьевэ Валентинэ.
1930 гъэм
къалъхуащ адыгэ тхакIуэ Къущхьэ СулътIан.
1938 гъэм къалъхуащ критик, зэдзэкIакIуэ, АР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЛъапцIэрышэ Хъалид.
1943 гъэм къалъхуащ юридическэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-мрэ ЭкологиемкIэ, цIыхум и шынагъуэншагъэмрэ щIыуэпсымкIэ дунейпсо академиемрэ я академик, УФ-м щIыхь зиIэ и юрист Шапсыгъ (КIэкIыхъу) Дамир.
1953 гъэм къалъхуащ Хэкум къэзыгъэзэжахэр жылагъуэм хэзэгъэжынымкIэ щадэIэпыкъу унэу Мейкъуапэ дэтым и унафэщI Бэрзэдж Убых (Нихьэт).
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 26 – 28-рэ, жэщым градус I8 – I9 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Уи анэ къыбжиIэм едаIуэ, уи адэ къыбжиIэр гъэзащIэ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ