Бюджетыр тэмэму ягъэзащIэ

КъБР-м и Правительствэм хэтхэм я зи чэзу зэхыхьэ иригъэкIуэкIащ абы и УнафэщI Мусуков Алий. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэ­дзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Пра­вительст­вэм и УнафэщIым и къуэ­дзэ Хъубий Марат, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Ипщэ Федеральнэ округым щыIэм и аппаратым и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэ Мэкъуауэ Тимур сы­мэ.
ЗэIущIэм Iуэхугъуи 9-м щыхэп­лъащ,­ зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ Пра­вительствэм и унафэ зыбжанэм я проектхэм. 
Нэхъыщхьэу зи гугъу ящIахэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетыр 2022 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм зэрагъэзэщIам теухуа правительствэ унафэм и проектыр. ­КъБР-м финансхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Калабеков Азэмэт зэрыжиIамкIэ, къызэднэкIа илъэс ны­къуэм республикэм хэхъуэу иIащ сом мелард 27,6-рэ. Ар 2021 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм диIам нэхърэ процент 26-кIэ нэхъыбэщ. 
- Республикэ бюджетым и хэхъуэр илъэс псом тещIыхьауэ къапщтэмэ, мазих блэкIам процент 52,6-кIэ къыдэхъулIащ. Налог хэхъуэр процент 52-рэ мэхъу, ар ахъшэу сом меларди 7-м щIегъу. Республикэм ахъ­шэу къигъэсэбэпам и гугъу пщIымэ, ар сом мелард 27,4-рэ хъуащ. 
Езым ди хэхъуэмрэ дотацэмрэ я фIыгъэкIэ - сом мелард 15,3-рэ, къыт­хуау­тIыпщ ахъшэмрэ фе­де­раль­нэ мылъкум къыхэкIамрэ сом мелард 12,1-рэ мэхъу. Къэдгъэсэбэпа мылъкум щыщу къытхуаутIыпщамрэ федеральнэ бюджетым къыхэкIамрэ – сом мелард 12,1-рэ мэхъу. Къытхэхъуамрэ къэдгъэсэбэпамрэ зэплъытмэ, къытхэхъуар сом мелуани 192-кIэ нэхъыбэщ. 
КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу къащхьэщыжынымкIэ и министр Асанов Алим правительст­вэ зэIущIэм хэтхэм я пащхьэ кърихьащ Донбассым щекIуэкI дзэ Iуэху хэхахэм хэту уIэгъэ хъуахэмрэ хэкIуэдахэмрэ я унагъуэхэм къэрал дэIэ­пы­къуныгъэ етыным теухуауэ КъБР-м­ и Iэтащхьэм ищIа унафэр зэ­­рагъэзэщIэну щIыкIэр. Асановым зи­ гугъу ищIа IуэхугъуиплIри даIы­гъащ. 
ЗэIущIэм и кIэухым КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд и пщэ къралъхьа къалэн гуапэр зэфIигъэкIащ – Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм и фIыщIэ тхылъыр КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий къыхуагъэфэщати, иритыжащ. 
 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: