ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

ШыщхьэуIум и 13, щэбэт

♦Зи Iэ сэмэгур нэхъ зыгъэшэрыуэхэм я дунейпсо махуэщ
♦1908 гъэм
къалъхуащ мэкъу­мэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ТхьэкIушынэ Нухь.
♦1915 гъэм
къалъхуащ Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым­рэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Безрокъуэ Хужь.
♦1939 гъэм
къалъхуащ уэ­рэджыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Бэгъуэтыж Светланэ.
♦1947 гъэм
къалъхуащ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Мэшыкъуэ Нуралий.
♦1952 гъэм
къалъхуащ ­КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м и къуажэ Iэтащхьэ нэхъыфIхэм ящыщу къалъыта Къуныжь Хьэчим.
♦1955 гъэм
къалъхуащ ­КъБР-м и Iэтащхьэу щыта КIуэкIуэ Юрэ.
♦1963 гъэм
къалъхуащ Урысей Федерацэм, КъБР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я артист Ташло Алий.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуа­бэр махуэм градус 29 - 30, жэщым градус 19 - 21-рэ щы­хъунущ.

ШыщхьэуIум и 14, тхьэмахуэ

♦Абхъазыр зыхъумэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. 1992 гъэм Куржы-Абхъаз зауэм щIидзащ.
♦1932 гъэм Москва Союзхэм я унэм и Колоннэ залым цIыхубэ творчествэмкIэ щекIуэкIа зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэ­рым икIахэм етIуанэ увыпIэр щаубыдащ.
♦1941 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, тхакIуэ Дыгъужь Къурмэн.
♦1948 гъэм
къалъхуащ Тыркум щылажьэ КАФФЕД-м и президенту, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэу щыта Джандемир (Гугъэв) Джихьан.
♦1956 гъэм
къалъхуащ Iэп­щIэлъапщIэ, УФ-м и Художникхэм я зэгухьэныгъэм хэт Мэстафэ Вячеслав.
♦1961 гъэм
къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, КъШР-м, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ я журналист Тхьэгъэпсэу Увжы­къуэ.
♦1966 гъэм
къалъхуащ ­КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Тхьэщыгъуей Жаннетэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 29 - 31-рэ, жэщым градус 20 - 21-рэ щыхъунущ.

ШыщхьэуIум и 15, блыщхьэ

♦1855 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, джэгуакIуэ Теувэж Дзыгъуэ.
♦1936 гъэм
къалъхуащ Шэрджэсым и япэ егъэджакIуэ, ­ГуащIэдэкI Бэракъ Плъыжь орденыр зыхуагъэфэща Уэхъутэ Хьэсэн.
♦1907 гъэм
къалъхуащ тхакIуэ, полковник КIыщокъуэ Рашид.
♦1940 гъэм
къалъхуащ сурэ­тыщI, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щхьэцэ Владимир.
♦1941 гъэм
къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мэкъуауэ Хьэсэн.
♦1954 гъэм
къалъхуащ ­КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Горлов Михаил.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуа­бэр махуэм градус 29 - 30, жэщым градус 21 - 22-рэ щы­хъунущ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ