ЕхъулIэныгъэ инкIэ дыхуохъуапсэ

Ди республикэм щеджэн и мураду и хэку къэзыгъэзэжауэ щыта, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым инджылызыбзэмкIэ и факультетыр къэзыуха, ди республикэм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым щылэжьа, зи кандидат диссертацэр ди деж щыпхызыгъэкIа Чурей Дыжьын куэдым яцIыху и щIэныгъэкIэ, и лэжьыгъэкIэ, и цIыху хэтыкIэкIэ. И насып Абхъазым щыIэу къыщIэкIыу абы унагъуэ щыхъуауэ щыпсэу Дыжьын и ныбжьыр нобэ илъэс бжыгъэ дахэ ирокъури, ди гуапэу дохъуэхъу «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэр. 
Лэжьыгъэ IэнатIэу щым пэрытщ иджыпсту Дыжьын. Абхъазым гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институт Гулиа Дмитрий и цIэр зезыхьэм IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм щыIэщ. Абхъаз Республикэм и къэрал университетым илъэс II хъуауэ щрегъаджэ, абы и доцентщ. Абхъаз литературэмкIэ кафедрэм хыхьэу, филологие факультетым и I, 4-нэ курсхэм къахуоджэ «Этнокультура абхазо-адыгской диаспоры», «Литература черкесского зарубежья» лекцэхэм. Музыкэри IэщIыб ищIакъым Дыжьын икIи ар и доктор диссертацэр игъэхьэзырынымкIэ сэбэпышхуэ къызэрыхуэхъуар къыхегъэщ. Илъэситху хъуауэ ар хэтщ, флейтэр щегъэбзэрабзэ Абхъаз къэрал филармонием и «Гундэ» вокально-инструментальнэ ансамблым, республикэм и цIыхубэ артисткэ Чамагуа Розэ и унафэм щIэтым. ЖыпIэнурамэ, Къэбэрдей-Балъкъэрми зы махуи щымызэша, лэжьыгъэншэу зы дакъикъи щызымыгъэкIуа Чурей Дыжьын абдежми щищIэн егъуэт. Нэхъыщхьэращи, жиIэр, ищIэр мэхъу.
Абхъаз къэрал университетым и филологие факультетым и деж абхъаз-адыгэ лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я центр къыщызэIухыным ехьэлIауэ япэ лъэбакъуэхэр ча хъуащи, абы щогуфIыкI Дыжьын. Иджыпсту мылъку и лъэныкъуэкIэ зэрыхъунум ехьэлIа унафэм, ректорым и псалъэм, хэхэсхэм абы теухуауэ жаIэнум, нэгъуэщIхэми поплъэ а гукъэкIыр зейхэр. Факультетым Дыжьын и мурадыр, хъуэпсапIэр къыдаIыгъ. Бзылъхугъэм и нэгу къызэрыщIигъэхьэмкIэ, центрыр щытыпхъэщ тхыдэм, щэнхабзэм ехьэлIа зэIущIэхэр, щIэныгъэ конференцхэр, концерт зэмылIэужьыгъуэхэр щекIуэкIыу, диаспорэм, бзэм ехьэлIа Iуэхухэм щыхэплъэу, щеджэу, бзэр щызрагъащIэу, н. къ.
Тыркум мы махуэхэм къыщыдэкIынущ Бэрзэдж Сэфар, Агъашэ Мухьиддин, Чурей Дыжьын сымэ я интервьюхэр зэрыт тхылъ щхьэхуэ. «Iуащхьэмахуэ. Кавказ Ищхъэрэм и нэхухэр» тхылъыр абазэ бзылъхугъэ Кутарбэ Пынар игъэхьэзыр серием хыхьэ IэдакъэщIэкIщ.
- Хэт сыт жимыIэми, бзэ гуп ехьэлIауэ къапщтэми, генетикэ и лъэныкъуэкIи, тхыдэмкIи абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ зэпэгъунэгъущ. Апхуэдэу щытми, ди Iуэху зыми тхузэрихуэнукъым ар дэ езым дэдмыгъэкIыжмэ, - жеIэ Дыжьын. – Зэман куэдыщэ тфIэкIуэдащ дэ. Ди нэхъыжьхэр зэрыщытам хуэдэу, абыхэм дызэрагъэсам тету нэхъри дызэкъуэувэн хуейщ сыт и лъэныкъуэкIи. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэныгъэлIхэу, цIыхушхуэхэу Нало Заур, КъардэнгъущI Зырамыку, ЦIыпIынэ Аслъэн, Щэныбэ Юрэ, Сосналы СулътIан, Къалмыкъ Юрэ сымэ, нэгъуэщIхэми абхъаз лъэпкъым хуаIа пыщIэныгъэр, абыхэм яхузэфIэкIар зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Дэ упщIэ зыхуэдгъэувыжын хуейщ: сыт дэ дызыхуейр? Сэ къызэрыслъытэмкIэ, нэхъыщхьэр щэнхабзэ зэхущытыкIэращ. Зыгуэрурэ йокIуэкI ар иджыпстуи, хэхэсхэм, хасэхэм, бзэм, нэгъуэщIхэми теухуауэ, ауэ дыкъэувыIэнкIэ Iэмал иIэкъым. ДэнэкIи Iуэхур щызэхэзэрыхьа зэманым ди лъэпкъ Iуэхум дытеплъэкъукI хъунукъым. 
Дыжьын илъэсищ хъуауэ яужь итщ абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ я къафэ IуэрыIуатэр щызэпкъырыха тхыгъэшхуэм. Хореограф цIэрыIуэхэм я Iуэху еплъыкIэхэр зи лъабжьэ лэжьыгъэщ ар. Абы иужь нэхъыбэу изыгъэхьари ди нобэрей хьэгъуэлIыгъуэхэр зэрырагъэкIуэкIырщ, ди къафэхэм я купщIэрщ. 
Чурей Дыжьын и щхьэр течауэ и гугъу ещI адыгэр дуней тетыкIэ и лъэныкъуэкIэ дэкъузауэ зэи зэрыщымытам. Зэдэлъху-зэшыпхъум хуэдэу зэбгъэдэту, зэхэсхэу, зэпсэлъылIэу, апхуэдэ зэIущIэхэм, джэгухэм щызэрыцIыхурэ унагъуэ хъууэ щытащ. Абы щыгъуэми хабзэ зэрахьэрт, нэхъыжь-нэхъыщIэ ящIэрт, пщIэ я зэхуаку дэлът. «Мис а зэпыщIэныгъэр, зэгурыIуэр зыфIэдгъэкIуэд хъунукъым, нэгъуэщI лъэпкъхэм я зыхуэпэкIи я хабзи дыхуэныкъуэкъым», - жеIэ Дыжьын. 
Чурейм зыгуэр хузэфIэкIыххамэ, ар Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым къыщIихар зэрыарар ибзыщIыркъым. 
IуэрыIуатэмкIэ секторым и щIэныгъэлIхэу КъардэнгъущI Зырамыку, Нало Заур, Гъут Iэдэм, Тхьэмокъуэ Евгение, ЦIыпIынэ Аслъэн, ГъукIэ Анжелэ, Быхъурэ Мухьэмэд сымэ зэрыхуэзамкIэ, абыхэм я нэIэ щIэту лэжьэну и кIэн къызэрикIамкIэ насыпыфIэу зыкъелъытэж Дыжьын. Щхьэхуэу и цIэ къреIуэ адэ папщIэу Къэбэрдейм къыщыщхьэщыта, «Адыгэ псалъэ» газетым илъэс куэдкIэ и редактор нэхъыщхьэу щыта, Къэбэрдей Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, редакцэм и лэжьакIуэхэу пэжкIэ къыбгъэдэтахэм, и доктор диссертацэр («Обрядовая и песенно-инструментальная традиция абхазо-адыгской диаспоры в Турции») игъэхьэзырыху и чэнджэщэгъуу щыта Къудей Зинаидэ сымэ. «Сэ зыри сщыгъупщакъым, псоми сахуэарэзыщ. Нобэ сэ щIэныгъэлI къысхэкIамэ, зи фIыгъэр ахэращ», - жеIэ Дыжьын. 
Ди бзэр тIэщIэмыхунымкIэ тхурикъуну ди хабзэр зыхъумэфыным ящыщ дыхъуну зи гуапэ бзылъхугъэ цIыкIум и фIэщ мэхъу, тхакIуэ цIэрыIуэ Шинкубэ Бэгърат зэражиIауэ, и лъабжьэр псэуху жыгри зэрыпсэур. КъызыхэкIа лъэпкъым, Къэбэрдей-Балъкъэрым апхуэдиз гуапагъэ хузиIэ Дыжьын и адэ-анэр куэдрэ къыщхьэщытыну, и лэжьыгъэ и лъэныкъуэкIэ ехъулIэныгъэ иIэну, сыткIи и щIэгъэкъуэн нэс и щхьэгъусэ Тимуррэ абырэ зэдэузыншэну ди гуапэщ. ФIыгъуэу щыIэр тхьэм къыплъигъэс, Дыжьын! 

 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ