Комсомолхэм блынхэр ягъэдахэ

Налшык и комсомол зэгухьэныгъэм хэтхэм Къэбэрдей уэрамым тет унэм сурэтхэр тращIыхьащ, «Минеральные воды» IуэхущIапIэм пэмыжыжьэу. Iуэхур къызэрагъэпэщащ ЩIалэгъуалэм я урысейпсо махуэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъумрэ я щIыхькIэ.

Блыным граффити сурэтхэр тещIыхьыным теухуа Iуэхум хэтащ комсомолхэмрэ студентхэмрэ. Ар и жэрдэмщ КъБКъУ-м и япэ курсым щIэс комсомол Мэржан Аслъэн. Художник ныбжьыщIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и ныпыр блыным тращIыхьащ икIи тратхащ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100» псалъэхэр. Апхуэдэу Iуащхьэмахуэрэ Сосрыкъуэрэ я сурэтхэри тращIыхьащ.

- Блыным граффити сурэт тетщIыхьыным тыншу арэзы техъуакъым а IуэхущIапIэм и унафэщIхэр. ИкIэм арэзы хъури, ди мурадыр къыдэхъулIащ, - жеIэ Мэржан Аслъэн. - Гъунэгъуу абдеж сызэрыщыпсэум къыхэкIыу, махуэ къэс а унэмкIэ сыблэкIырти, сигу къэкIащ зы гъэщIэгъуэн гуэр а блыным тепщIыхьу и IуплъапIэр зэрыпхуегъэфIэкIуэнур.

Комсомол зэгухьэныгъэм и унафэщI Мыз Мурат зэрыжиIамкIэ, КПРФ-м и къудамэу ди республикэм щыIэм и япэ секретарь Пащты Борис IуэхущIапIэм и унафэщIхэм щагурыIуэм, щIалэхэм пщэдджыжьым сыхьэти 9-м щIадзэри, пщыхьэщхьэ хъуху егугъуу сурэтхэр блыным тращIыхьащ. НыбжьыщIэхэр Iэмэпсымэхэм щыдахьэха нобэрей зэманым щIалэхэм къэблагъэ махуэшхуэм и пэ къихуэу Iэмал иратащ сурэт щIыным щаIэ зэфIэкIхэр апхуэдэ щIыкIэкIэ къагъэлъэгъуэну. Мыз Мурат зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ лэжьыгъэхэм иджыри къыпащэну яубзыхуащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: