Нобэ

Зи диныр, нэгъуэщI зи фIэщхъуныгъэхэр зыпаубыду залымыгъэ зыкIэлъызэрахьахэр, абы зи гъащIэр хэзылъхьахэр ягу къыщагъэкIыж дунейпсо махуэщ
Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэщ.
I99I гъэм РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и зи мычэзу сессием унафэ къищтащ Урысейм и иджырей ныпыщIэр - хужь-щIыху-плъыжь плъыфэхэу зэгуэлъыр - къэралым и дамыгъэу къэлъытэным теухуауэ. Нэхъ иужькIэ, I994 гъэм шыщхьэуIум и 20-м, УФ-м и Президентым Iэ щIидзащ «Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым теухуауэ» унафэм.
Коми Республикэм и махуэщ. I92I гъэм РСФСР-м хыхьэу къызэрагъэпэщащ Коми (Зырян) автономнэ областыр.
I663 гъэм Урысейм и пащтыхь Романов Алексей унафэ къыдигъэкIащ ахъшэ нэпцI зыщIхэр, я унагъуэхэри ящIыгъуу, Сыбырым щыпсэуну ягъэIэпхъуэну тезыр ятелъхьэным теухуауэ.
I864 гъэм къащтащ япэ Женевскэ конвенцэр. Апхуэдэу плIы щыIэщ. Зауэ щекIуэкIкIэ гъэр, уIэгъэ хъухэм ятелъ гугъуехьхэр ящыгъэпсынщIэным, апхуэдэхэм цIыхугъэ якIэлъызехьэным хуэгъэпса хабзэхэр щыубзыхуа дэфтэрщ ар.
I865 гъэм Инджылызым щыщ Шепперд Уильям сабын гъэткIуа къызэригупсысам щыхьэт техъуэ тхылъ къратащ.
I880 гъэм Урысейм щыяпэу Санкт-Петербург щаутIыпщащ электрокъарукIэ лажьэ трамвайр.
I9I0 гъэм Японием залымыгъэкIэ Кореер зыгуигъэхьащ. Совет-япон зауэм и зэманым (I945 гъэм) Дзэ Плъыжьым хуит къищIыжауэ щытащ а къэралыр.
I937 гъэм КIыщокъуэ Алим и адэ Пщымахуэ дунейм ехыжащ.
I942 гъэм Челябинск къалэм дэт Кировскэ заводым куэду къыщыщIагъэкIыу щIадзащ Т-34 танкыр.
I959 гъэм Тэрч къалэ щатащ налмэс Iэмэпсымэхэр къыщыщIагъэкI завод.
I990 гъэм Тыркумэн ССР-м и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ и къэрал суверенитетым теухуауэ.
I990 гъэм япэу эфирым къихьащ къэрал унафэм щIэмыт «Эхо Москвы» радиостанцыр.
20I2 гъэм Урысейр Дунейпсо сату зэгухьэныгъэм хыхьащ.
I920 гъэм къалъхуащ США-м щыщ тхакIуэ-фантаст цIэрыIуэ Брэдбери Рэй.
I9I0 гъэм къалъхуащ «ЩIыхь» орденым и нагъыщищри зрата Мусэ Менлы.
I924 гъэм къалъхуащ комбайнер, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Кудряшовэ Александрэ.
I927 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Къущхьэ Iэбу.
I927 гъэм къалъхуащ совет актрисэ, РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ Скобцевэ Иринэ.
I974 гъэм къалъхуащ урысей актёр, Тэтэрстан Республикэм щIыхь зиIэ и артист, УФ-м и Къэрал саугъэтыр зрата Башаров Марат.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 27 - 28-рэ, жэщым градус I8 - 20 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Уи хъуэрыбзэ зымыщIэм уи гухэлъ жумыIэ.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ