ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ

Лосэн Тимур еджапIэм щыщIэтIысхьэм къыхихар уэрэджыIакIуэ IэщIагъэрат, уэрэдыр зыхилъхьэ щымыIэу апхуэдизкIэ фIэфIти. ИужькIэ пшынэр нэхъ текIуащ. Ауэ и гъащIэм щыщу илъэс 30-м щIигъур уэрэдым пыщIауэ ирихьэкIащ.

Пшынауэхэри зэхуэдэкъым. Зым и IэщIагъэм нэгъуэщIхэр хуегъасэ, адрейр къэфакIуэхэм ядолажьэ, уэрэдымрэ къафэмрэ зэзыпх пшынауи щыIэщ. Зэрытлъагъущи, Лосэныр зыхиубыдэр ещанэ лIэужьыгъуэрщ. Адыгэ пшынэр уэрэдым дыщIигъуным ар хуабжьу телэжьащ. И япэ итахэм ящыщу уэрэдыр пшынэм Iэзэу езыгъэкIуфауэ зи цIэ къриIуэр ЛIыцIэрыIуэ Кимщ. Апхуэдэу илъэс бжыгъэкIэ и пшыналъэр уэрэдхэм дэщIыгъуу къекIуэкIащ. 
ТIэкIу къыдэкIуэтейуэ зыгуэрхэр зэригъэзахуэ щыхъум, и анэшхуэр, и адэм и анэр, пшынауэ Iэзэу зэрыщытар къэзыщIа Тимур IэщIагъэ хуэхъунур абдеж къыщежьащ. «ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ» жыхуаIэращи, и насыпти, и нанэр пшынэ зэреуэр абы илъагъуну къыхуихуащ. Зы махуэ гуэрым и анэшхуэм игъэтIысри къыжриIащ: «Тимур, уэ пшынауэ ухъункIи хъунщ, ауэ бжесIэнухэр зыхыумылъхьэмэ, адэкIэ укIуэфынукъым». Япэ дыдэ пшынэм Iэпэр зэрытеплъхьэнур и нанэм къригъэлъэгъуащ. ИтIанэ адыгэ пшынауэм хэлъын хуей хьэл-щэныр зыхуэдэм иригъэдэIуащ. Езы нанэр сыт и лъэныкъуэкIи адыгэ бзылъхугъэ щэныфIэм и щапхъэт. Ар пшынэ щеуэкIэ и напщIэми зимыIэту, и Iэпэм фIэкIа и Iэпкълъэпкъри мыхъейуэ апхуэдэт. Нобэр къыздэсым Тимур куэдрэ игу къокI абы иригъэлъэгъуа пшынэ еуэкIэмрэ пшынауэ щэнымрэ икIи абы сытемыкIащэрэт жиIэу къогъуэгурыкIуэ. Нанэм ныбжьышхуэ къигъэщIами, абы иригъэлъагъужыфат пасэрей адыгэ пшынэ еуэкIэр икIи зригъэдэIуэжыфа къафэхэм ящыщ зым «Нанэ и къафэ» жиIэу фIищыжри итхыжащ.
IуэрыIуатэр и лъабжьэу адыгэм къыддекIуэкI цIыхубэ уэрэдыжьхэм къищынэмыщIауэ, тIэкIу ди япэ итахэм я Iэдакъэ къыщIэкIа уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ и еплъыкIэ хилъхьэу къигъэщIэрэщIэжыныр куэд щIауэ и хъуэпсапIэт Лосэным. А лэжьыгъэхэр мыхъумыщIэу къилъытэртэкъым, атIэ ди нобэрей зэманым нэхъ къезэгъыу иригъэфIэкIуэну хуейт. Пшыналъэри уэрэдри и Iэпэгъут, пшыхьхэр къызэгъэпэщыныр, егъэкIуэкIыныр къикIуа гъуэгуанэти, ар щымыщ хэмыту зы адыгэ щыIэкIэм къигъэувэжыпхъэу къилъытэрт. Ар зригъэхъулIэн папщIэ, япэщIыкIэ макъамэхэр итхащ. Абыхэм псалъэхэр яхуэзытхын гуэрым Iэмал имыIэу дэлэжьэн хуейт. Апхуэдэхэри щыIэт, ауэ и зэфIэкI еплъыжыныр нэхъ фIэигъуэу а Iуэхум еувэлIащ. И макъамэхэм псалъэхэр щащIилъхьэжым, зэрымыщIэкIэ ахэр зы гъэщIэгъуэн гуэру зэувэлIэжащ, макъамэр зэрыджэгум хуэдэ дыдэу псалъэхэри джэгуу. Абы и щхьэусыгъуэр пшыналъэхэр зэрыбзэрабзэм хуэдэу псалъэхэри бзэрэбзэн хуейуэ къызэрыщыхъур арагъэнт. Къэбгъэлъагъуэмэ, Бэч Азэмэт игъэзащIэ «Мэздэгу къафэм» и псалъэхэр къызэрымыкIуэу гугъущ, ауэ абы щIэлъ псалъэхэмрэ макъамэмрэ апхуэдизкIэ зэдэбзэрэбзащи, адыгэу дуней псом щыпсэухэм ягу дыхьащ. 
ИтIанэ, макъамэ Iэмэпсымэхэм я пшыналъэкIэ дызэджэжым теухуа зы гупсыси иIэт нобэрей зэманми декIуу, езым и щыIэкIи иIэжу игъэхьэзырыну. Апхуэдэу щыхъум, куэд щIауэ къыдэгъуэгурыкIуэ «ХьэтIохъущыкъуей къафэр» итхыжащ. Къэсейхьэблэ щыщ, зи ныбжьыр мащIэу хэкIуэта цIыхубз гуэрым ар игъэзащIэу зэгуэр щрихьэлIэм, диктофонкIэ итхыжащ. Абы и пшынэ еуэкIэм тIэкIу къытекIыу а къафэр къигъэщIэрэщIэжащ икIи скрипкэ, виолончель макъамэ Iэмэпсымэхэри щIигъэувэжащ. А щIыкIэмкIэ «ХьэтIохъущыкъуей къафэр» пшыналъэу, «Мэздэгу къафэр» уэрэду Iуащ. 
Адыгэу дунейм тетым ди лъэпкъ къафэ лIэужьыгъуэхэм хуаIэ еплъыкIэхэр дакъикъиблым щIигъу зи кIыхьагъ видеом къыщызэщIикъуэжащ Лосэным. Интернетыр къигъэсэбэпри, «ХэкумкIэ мыр ноIукI» жиIэу зэбгригъэкIащ. А лэжьыгъэр и пшынауэ джэгуми зэ утыку къыщрихьати, кърихьэлIахэм ягу дыхьащ. Сирием зыщрихьэлIа «Гуащэгъазэ къафэри» хигъэхьащ. Тыркум щыпсэухэр «къафэ къуаншэщ» абы зэреджэр. А къафэ хьэлэмэтым и цIэр щIыналъэхэм щызэтемыхуэми, я пкъыр зыщ. Гуащэ щIэпхъуэжам и ужьым и къэфэгъур йоувэри, кIэлъыщIэмыхьэу кIэлъожэ, апхуэдэу къызэпекIуэкIыурэ псынщIэу икIи дахэ дыдэу къызэдофэхэр.
АдэкIэ къытеувыIащ, хэкурысхэм тхуэмыхъумами, Тыркум, Сирием, Иорданием ис ди лъэпкъэгъу пшынауэ Iэзэхэм ди нобэм къахьэса «лъапэрисэ», «лъапэлъэф» къафэхэм. Умар Абидэт и пшынэ еуэкIэр нэхъ игу дыхьэти, абы тету а къафэ лIэужьыгъуэхэр итхыжащ. Апхуэдэу мэздэгу адыгэхэм я архивым къыхахыжащ «хъуромэм», «гуащэгъазэ къафэм» я пычыгъуэхэр, Тыркум я «лъапэлъэфым» щыщ, Абидэт и фэеплъу зы лъапэрисэ хигъэхьащ. Ауэ, а псоми ящыщу нэхъ игу зыхуэзэгъар «тхьэшхуэуджырщ». Абы макъамэ зыбжанэ къызэщIеубыдэ. Псом хуэмыдэжу тхьэшхуэудж щIащIыж тхьэлъэIур нэхъ ягу дыхьащ. Црым Руслан и псалъэхэр абы щIагъэуващ, езыр еджэжу, зы хъыджэбз макъ дахэ ищхьэмкIэ къыщыIуу, ежьур и лъабжьэмкIэ щыIэу икIи абдежым тхьэ щелъэIуу. Пшынэхэр ягъэувыIэри, ебжэ щIыкIэу Црым Руслан и псалъэхэр къыхагъэщ. Абы къыхокIыж, уджым хохьэжри, тхьэлъэIур зэхуащIыж. Апхуэдэу «Чэбыхъан и пшыналъэри» абы хигъэхьащ. КъардэнгъущI Зырамыку зэхуихьэсыжу итхыжахэм ящыщщ ар. Чэбыхъан хэкум щыцIэрыIуэ зи ишэгъуэ хъыджэбз дахэт. Лъапсэрых зауэжьыр къатепсыхэу щалъхуа щIыпIэр ибгынэн хуей щыхъум, абы и пшынэр къищтэри, щIыналъэм къинэхэм иужь дыдэу зэ и къафэм къахуеуэжащ икIи и пшынэр и фэеплъу къахуигъэнащ. IуэрыIуэтэжурэ Чэбыхъан и пшыналъэр ди деж къахьэсащ. А къафэм и кум деж пшынэ макъыр ирешэх, езы Чэбыхъан къежьу хуэдэу. 
«Абедэ и фIыгъуэ» жыхуиIэ уэрэдым теухуауэ жыпIэмэ, Чэбэхъан-пшынауэм иужькIэ Абедэщ (Хьэбидэтщ) ЛосэнымкIэ щапхъэр. Чэбыхъан и цIэр IуэрыIуэтэжу зэхихыжауэ аращ, ауэ Хьэбидэт къицIыхуащ. Хьэбидэт жиIэну зыхуеяр уэрэдымкIэ езыр къыдэпсалъэ хуэдэущ зэритхыжар. «Сэ мыбы нэсщ схуэхьар, адэкIэ фэ къыпыфщэ» жиIэу къилъытащ Тимур абы и гъащIэм щыхэплъэжым. Хьэбидэт хуэдэ цIыхухэр илъэсищэм къриубыдэу зэ къалъхуми аращ. Тимур хузэфIэкIынурати, и гуапэу уэрэд хуигъэпсри, цIыхум и пащхьэ ирилъхьащ абы и цIэр. Хьэкъул Оксанэ игъэзэщIэну хуигъэфэщащ а къафэр. 
Хэкур зрагъэбгына ди лъэпкъэгъухэм уэрэд мащIэщ яусыжар. Абыхэм здрахар жаIащ, я къафэхэм еуэжащ. Илъэсищэрэ щэ ныкъуэкIэ яхъума уэрэдыжьхэр щыIэщ, псом хуэмыдэу Узун-Яйла щахъумахэр. Къафэхэмрэ уэрэдхэмрэ я тхыдэр зыщагъэгъупщакъым. Хэкум исхэри уэрэдыжьхэм хуеплъэкI, абы и фIыпIэр зыхащIэ хъуащ. Езыхэм уэрэдхэр яусыжу хуежьащ. 
Тимур зэрыжиIэмкIэ, макъамэмрэ псалъэмрэ птхыуэ бутIыпщыж къудейкIэ зэфIэкIыркъым. А тIур хьэзыр хъуа нэужь, и гурылъхэр къыдиIыгъыу а лэжьыгъэр студием зыхуей щыхуигъэзэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу къыдэхъун къелъыхъуэ. Абы и лъэныкъуэкIэ Лий Аслъэнрэ абырэ зэакъылэгъуу, я Iуэху еплъыкIэхэр зэтехуэу зэдолажьэ. Студие лэжьыгъэр зэфIэкIа нэужь, уэрэдыр е пшыналъэр зыгъэзэщIэнур къонаIуэ. УэрэджыIакIуэм е пшынауэм и гупсысэ гуэрхэри къыщалъытэ къохъу. И пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэс зэакъылэгъуу зэрызэдэлажьэр арауэ къыщIэкIынущ япэу пшыхьым цIыхухэм щызэхах лэжьыгъэр ягу щIыдыхьэм и щхьэусыгъуэри. 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: