Гъэм и зэблэхъугъуэхэр

Пасэ зэманым адыгэхэм илъэсыр тIууэт зэрагуэшыр - гъэрэ щIырэ. Гъэрэ щIырэ щызэхэкIыу ялъытэр махуэмрэ жэщымрэ я кIыхьагъыр зэхуэдэ щыхъурат. Ар иджырей махуэбжымкIэ зытехуэр гъатхэпэм и 2I- 22 жэщращ. ИлъэсыщIэр къыщихьэр арауэ ялъытэрти, гуфIэгъуэшхуэ иращIэкIырт, махуэ бжыгъэкIи ягъэмахуэшхуэт, «мафIэщхьэ тыхьи» унагъуэ къэс хуащIу, пщэдджыжь нэмэзым псыежэхым кIуэрэ загъэпскIыу: «Кхъуэ бэгумрэ дыгъужь бэгумрэ зыхамыгъапскIэ щIыкIэ!» жаIэу къекIуэкIащ.
ИужькIэ гъащIэмрэ щIэныгъэмрэ заужьурэ гъэр плIыуэ ягуэш хъуащ: гъатхэ, гъэмахуэ, бжьыхьэ, щIымахуэ. Гъатхэр – гъатхэпэм и 2I-м къыщегъэжьауэ мэкъуауэгъуэм и 2I хъуху; гъэмахуэр – мэкъуауэгъуэм и 2I-м – фокIадэм и 2I-м нэст, махуэхэм я нэхъ хуабэгъуэ, кIыхьыгъуэ дыдэхэрат; бжьыхьэр – фокIадэм и 2I-м – жэщымрэ махуэмрэ аргуэру зэхуэдиз щыхъужым щегъэжьауэ дыгъэгъазэм и 2I-м нэст; щIымахуэр – дыгъэгъазэм и 21-м – гъатхэпэм и 21-м нэст, махуэхэм я нэхъ кIэщIыгъуэ, щIыIэгъуэ дыдэхэрат.
И пэжыпIэкIэ, иджы зызыужьа къэралхэм щыIэ махуэгъэпсхэр къагупсысурэ ягъэува защIэщ, дунейм и зэхъуэкIыгъуэхэм зыкIи емыпхауэ. Ауэ адыгэ махуэрыбжэр дыкъэзыухъуреихь дунейм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ.
Адыгэхэм я илъэсыр мазэ 12 хъурт, мазэ къэс зэхуэдизу махуэ 30 хэтт. Адрей къыдидзэ махуи 5-6-р тхьэлъэIу махуэ е нэгъуэщI махуэшхуэ ящIырт, нэхъыбэр бжьыхьэкIэ - щIымахуэ зэманым трагъахуэу, абыкIэ Тхьэм и щIыхуэу гъатхэ - гъэмахуэ лэжьэгъуэм къатехуахэр ирапшыныжу. «Тхьэшхуэгуэхьэж» махуэшхуэ ехьэжьари, гъэ къэс ящIырт, лэжьыгъэ псори кърахьэлIэжауэ губгъуэм Iуэху щимылъыжым деж.
Мы махуэшхуэр, и пэжыпIэкIэ, къуажэм, псыхъуэм дэс цIыхухэм хэт нэхъ лэжьыгъэфI зэфIихами, хэт и Iэщ нэхъыфIу къехъулIами, хэт и ерыскъы е и фадэ нэхъыфI хъуами щагъэлъагъуэ махуэшхуэт, ерыскъырэ фадэкIэ ятекIуауэ ялъытэр зей нэхъ щIэхыу цIыхухэм яух унагъуэрат.
Джэгу, удж кIыхьхэр зэпымычу екIуэкIырт, уджыр нэхъ къебэкIыу. Абдеж щащIу щыта, цIыкIуи-ини, хъулъхугъи-бзылъхугъи зыхэт уджышхуэм щхьэкIэ «фэрыудж» жаIэрт.
«Зэрызэ къафэри, фэрыуджым щIадзащ» - жыхуаIари аращ. ЩIалэгъуалэр лIыгъэрэ шыгъэкIэ зэпрагъауэрт, сыт хуэдэ IуэхукIэ, хэт текIуами, фIыщIапщIэу зэхуахуса Iэщым щыщ иратырт, ягъэгуфIэрт…
Ди лъэпкъ набдзэгубдзаплъэм къуажэшхуэ е псыхъуэ къэс цIыху Iущхэр гъэм и зэблэхъугъуэм кIэлъыплъыну хихырт. Бгыщхьэм е я пщIантIэм щыхэса «сыхьэт пкъом» и ныбжьыр нэхъ кIыхь, нэхъ кIэщI щыхъухэр абыхэм къахутэрт. АбыкIэ къащIэрт дунейм и зэхэкIыгъуэхэр.
Гъэм и зэман зэблэхъугъуэ псори зытращIыхьыр Вагъуэбэрат (Созвездие Тельца). Вагъуэбэр ди Хэкум и къуэкIыпIэ уафэнэзым къыщыкъуэплъыр гъатхэпэм махуэмрэ жэщымрэ зэхуэдиз щыхъужращ – гъатхэпэм и 21-22 жэщым, адыгэ ИлъэсыщIэр къыщихьэм.

Къэбарт Мирэ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ