Мамырыгъэ фиIэну!

Пензэ областым къикIа Радаевэ Ольгэ «Новое время» газетым и редактор нэхъыщхьэщ. «Си щIыналъэ» фестивалым хэту абы игъэхьэзыра «шэрхъ репортажри» зы­теухуар Гуэл щхъуантIэхэрщ. 

- Мы гуэлым зыщыбгъэпскI хъуну? - щIоупщIэ си ­гъусэхэм я зыр. 
Ныбжь зиIэ бзылъхугъэм и щхьэр егъэкIэрахъуэ:
- АIэ-аIэ! Сыт жыфIэр зищIысыр? Ди гуэлхэм зыщагъэпскIыркъым! 
А «аIэ»-р апхуэдизкIэ ткIийуэ къэпсэлъа хъуати, упщIэ кIэлъыдгъэкIуэжакъым. Уеблэмэ унэм дыкIуэжу ди щыгъыныр зэтхъуэкIыну мурад тщIащ. Япэрауэ, зыбгъэпскI ­хъунукъым. ЕтIуанэрауэ, мыбы щыпсэу лъэпкъхэм пщIэ яхуэщIын хуейщ, я хабзэхэм уебэкъуэныр емыкIущ. 
Ди экскурсовод Ларисэ жиIэж хъыбархэм дедаIуэурэ автобусым дису зыдоплъыхь. ЗэрымыщIэкIэ абы и макъ щабэм дигъэщхьэукъуауэ дыкъызэщоужри, тлъагъур сыт? Гуэлхэм я зыр щIыхубзэщ. Аращ-тIэ абы «Гуэл ЩхъуантIэкIэ» щIеджэр. Пэжыр жыпIэмэ, ар щIыхукъым икIи ­щхъуантIэкъым. «Къазшырыфэщ», - жысIэнт сэ. Бдзэ­жьей­хэм я бжыгъэр къыпхуэIуэтэнукъым. Iуфэм сызэ­рыIутым хуэдэу сурэт ятесхыну сыхуежьати, къызэхъулIакъым. 
Сыт схужыIэнур щIыпIэм теухуауэ? Къабзэщ, кIэлъоплъ, уигу хуокIуэ. Унагъуэу бдзэжьеящэ укъэкIуэну уасэ иIэкъым, хамэхэр зэран къыпхуэмыхъуу зыбгъэпсэхуну ухуеймэ. Дэ нэмыщI щызекIуэу тлъэгъуар еджакIуэ гупхэрщ. 
ЕтIуанэ гуэлри дигу къинэжащ … япэрейм зэремыщхьымкIэ. И фэмкIэкъым, атIэ - и Iуэху зыIутымкIэщ. ЗанщIэу жысIэнщ: мыр щIыуэпсым и дахапIэхэм яхущытын зэры­хуэмейм и щапхъэщ. ЦIыхуIэ зэремыIусэжым и щыхьэту, мыбы и Iуфэхэр къамылым зэщIищтащ. Сыт щыгъуи къытщыщIыр аракъэ? Ди къэралым и дэтхэнэ лъэныкъуи дыщыIущIэфынущ мыпхуэдэ теплъэгъуэм. Сыт нэхъри ­нэхъ гуузыр сыт жыпIэмэ, турист хэщIапIэ хъуфыну апхуэдэ щIыпIэ дахэхэр зэрытхуземыхьэм къыхэкIыу, инвесторхэр къосри, уи щIыналъэр ящауэ къыщIокI. Сытым щыгъуэ губзыгъэ  дыщыхъунур, апхуэдэ Iуэхум дыхуэсакъыфу? 
«Гуэл щэху»-м дыщынэсым, зыплъыхьакIуэ гуэр къытпожьэ. 
- Дэнэ фыкъыздикIар, хэт фыхъуну фэ? 
- Дыжурналистщ, - сыгуфIэжу жэуап изот. - «Шэрхъым дытесу репортаж» дотх. 
- Дэ дыальпинистщ, Пермь дыкъикIащ, - жеIэ языхэзым. - Сэ си цIэр Алексейщ. Гъэ къэси сыкъокIуэ Кавказым. 
- Мыбдежым ущыальпинистщ, сыт уи IэщIагъэр? - сыувыIэркъым сэри. 
- Сыменеджерщ. Бжьэ зыгъэхъухэм я IэдакъэщIэкIхэр яхузощэ. Фо пфIэфI? Чэнджэщ уэстынщ, ухуеймэ…
И чэнджэщхэм саIэщIэкIащ. Ауэ сегупсысащ: сыту фIыт тхьэмыщкIэкIэ узэмыджэну цIыхухэм езым я къэралым зыщагъэпсэхуну нэхъ къызэращтэр. 
- Си гуапэ дыдэщ ди гуэлым фи гупыр къызэрыкIуар, - гуфIэжу къыдопсалъэ абдеж дыдэм IэфIыкIэ щызыщэ Эльдар. - Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ мы «Церик-кел» гуэлыр къызэрытщыхъумкIэ къыдоупщI псори. Ар сыти тхуохъу, яжызоIэ. Си адэ-анэм колхозхэм я зэманым мыбдежым Iэщ щагъэхъуу, гъэш щызэрахьэу щытащ. ИужькIэ псори щы­лъэлъэжым, фермер лэжьыгъэм зеттащ. Ари тыншкъым къызэбгъэпэщыну. Аращи, мис, сэ схуэдэу гуэл Iуфэм Iэ­фIы­кIэхэр щащэ. Си дежи зыгуэр къыщыфщэхумэ, на­сыпыфIэ дыдэ сыхъунущ! 
Эльдар и IэфIыкIэхэм ахъшэу тезгъэкIуэдам и уасэр жызывмыгъэIэ, куэдыIуэщ. Ауэ схуэшэчынутэкъым къэзмыщэхуу, сэ IэфIкIэ ерыщхэм сащыщщ. 
Автобусым дыщитIысхьэжым, мывэкIэ ирагъэтIылъыкIа псалъэухам си нэр техуащ: «ЦIыхухэ, мамырыгъэ фиIэну!» Сэри мамырыгъэ фиIэну сынывохъуэхъу, Кавказым и налкъутналмэсхэр зыхъумэ хэкурысхэ! 
 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: