Къафэм и дунейм хешэ

Дэтхэнэ зы лъэпкъми и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэр и щэнхабзэрщ. Абы и лъэныкъуэкIэ адыгэ лъэпкъым зэрыгушхуэн и мащIэкъым. Сыт и уасэ лIэщIыгъуэкIэрэ абы къыдекIуэкI и къафэ дахэр. Лъэпкъ гъуазджэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр къафэм теухуауэ мыпхуэдэу итхащ: «Адыгэ къафэр дахэ дыдэщ, хореографие теплъэ гъэхуа зиIэщ, гум мафIэр щIэзыгъанэ нэжэгужагъэ зыпкърылъщ…»

Ди къафэр дуней псом къыщацIыху. «Кабардинка» ансамблым ар хамэ къэрал утыку куэдым щигъэлъэгъуащ икIи сытым дежи Iэгуауэшхуэ хуаIэту апхуэдэщ.

Адыгэм къыдих дэтхэнэ зы гуфIэгъуэ Iуэхури къафэр хэмыту зэфIэкIыркъым. Псом хуэмыдэу гуапэ пщохъу щIалэгъуалэр абы зэрыдихьэхыр, екIуу къафэу утыку зэритыр. Иужьрей зэманым щIалэгъуалэм къафэкIэ зрагъэщIэным хущIокъу. Абы и лъэныкъуэкIэ гупжьей зэхуэмыдэхэр мэлажьэ. Абыхэм ящыщ зыуэ къыхэзгъэщынут сэ къафэм зыщыхуэзгъасэ, Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм щызэхэт гупжьейр. Абы и унафэщIщ «Кабардинка» ансамблым илъэс куэдкIэ хэта Битокъу Беслъэн.

КъызэрыщIэкIымкIэ, къафэми езым и хабзэ иIэжщ. Сыкъэфэнущ жыпIэу утыку укъихьэкIэ зэфIэкIыркъым. «Утыку зэрихьэр лъапэщи, къызэрикIыжыр напэщ», - псалъэжьым и купщIэр нэсу къыдгуригъэIуащ Беслъэн. КъищынэмыщIауэ, абы къыдигъэщIащ къафэ лIэужьыгъуэ щыIэхэр, зыр адрейм къызэрыщхьэщыкIыр. Дэ абы жиIэм тфIэгъэщIэгъуэну додаIуэ, зэрызыхэтлъхьэнми иужь дитщ. Къафэм апхуэдиз Iуэхугъуэ пыщIауэ ди гугъатэкъым, иджы дыщыкIуэнур къытхуэмыгъэсу дыпоплъэ икIи а махуэм щIэ гуэр къызэрытщIэнум шэч къытетхьэркъым.

- Битокъу Беслъэн ущыкIэлъыплъкIэ къыбгуроIуэ абы и Iуэхум фIыуэ зэрыхищIыкIыр, - жеIэ къафэм зыхуэзыгъасэ ЩIанкIэ Мурат. – И быным хуэдэу псоми къытхущытщ, дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуигъуэту апхуэдэщ. «Къафэм и дунейр» Битокъум къысхузэIуихауэ къызолъытэ. Къапщтэмэ, къафэм и закъуэкъым абы дызыхуигъасэр, атIэ адыгэ хабзэри дегъащIэ.

Беслъэн езым и ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэу къилъытэр сабийхэр къызэрыхуэарэзырщ, ахэр я гуапэу и деж зэрыкIуэрщ, зыхуигъасэр псынщIэу къызэращтэрщ.

- ЦIыкIухэр зэхуэдэкъым, хьэл зырыз яIэщи, жыпIэр я деж зэрынэпхьэсын псалъэ щхьэхуэхэм ухуей мэхъу. ЦIыху цIыкIурэ Iуэху цIыкIурэ щыIэкъым! Сабийщ жыпIэу, зыщIригъэхыу хуэбдэ хъунукъым. Адыгэ къафэм хабзэшхуэ пыщIащ, абы цIыхум гъэсэныгъэшхуэ ирет. КъищынэмыщIауэ, ар узыншагъэмкIи сэбэпщ, хъарзынэу Iэпкълъэпкъым зрегъэукъуэдий. ЖыпIэнурамэ, къафэм, цIыхур, и ныбжьым емылъытауэ, гуп хыхьэкIэ-хэтыкIэм хуегъасэ. Си лэжьыгъэмкIэ лъэпкъым и щIэблэм и гъэсэныгъэм хэлъхьэныгъэ гуэр хуэсщIыфмэ, си гуапэщ, - жеIэ Битокъум.

 

 

 

 

 

КЪАСКЪУЛ Агнессэ.
Поделиться: