Нобэ

Дахагъэм и дунейпсо махуэщ
Кърум и дунейпсо махуэщ
Танкистым и махуэщ.
1946 гъэм Москва и Утыку Плъыжьым щекIуэкIащ танк дивизэм, Кантемировхэ я цIэр зезыхьэм, и парад. Абы лъандэрэ фокIадэм и етIуанэ тхьэмахуэ махуэр а дзэ лIэужьыгъуэм и махуэщ. Ар щагъэлъапIэ Белоруссиеми Украинэми.
Дизайнер-графикым и махуэщ
Таджикистан Республикэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
Молдовэ Республикэм и къэрал шынагъуэншагъэр къызэзыгъэпэщ лэжьакIуэхэм я махуэщ
Къэзахъстаным щагъэлъапIэ унагъуэм и махуэр.
2013 гъэм къыщыщIэдзауэ фокIадэм и етIуанэ тхьэмахуэ махуэм ягъэлъапIэ.
1776 гъэм Америкэм и колоние зэгуэтхэм я цIэр Америкэм и Штат Зэгуэтхэр жиIэу зэрахъуэкIащ.
1893 гъэм Германием «Штутгарт» футбол клубыр къыщызэрагъэпэщащ.
1933 гъэм «Сабий литературэ» тхылъ тедзапIэр къызэрагъэпэщащ.
1984 гъэм Москва щыщIидзащ шахматхэмкIэ дунейм и чемпион цIэм щIэбэнхэу Карпов Анатолийрэ Каспаров Гаррирэ я зэпеуэр. Ар мазитхукIэ екIуэкIащ икIи куэдыIуэ щIауэ зэрызэрытемыгъакIуэм къыхэкIыу зэпагъэун хуей хъуауэ щытащ.
1970 гъэм Волжскэ автозаводым «ВАЗ-2I0I» (Жигули) автомашинэ лIэужьыгъуэр къыщIигъэкIыу щIидзащ. ЦIыхубэр абы «кIэпIейкIэкIэ» еджэрт.
1999 гъэм Москва Гурьяновым и цIэр зезыхьэ и уэрамым щалэжьа терактым и зэранкIэ псэупIэ унэхэм ящыщ къэуащ. Абы цIыхуи 106-рэ хэкIуэдащ.
1828 гъэм къалъхуащ урыс тхакIуэшхуэ, дунейпсо литературэм и классик Толстой Лев.
1882 гъэм къалъхуащ шапсыгъ джэгуакIуэ Щхьэлахъуэ Алий.
1916 гъэм къалъхуащ совет усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, сабийхэм яхуэтхэу щыта Заходер Борис.
1930 гъэм къалъхуащ совет уэрэджыIакIуэ, композитор, СССР-м и цIыхубэ артист Гуляев Юрэ.
1930 гъэм къалъхуащ театрымрэ киномрэ я актрисэ, Урысейм и цIыхубэ артисткэ Румянцевэ Надеждэ.
1942 гъэм къалъхуащ шапсыгъ сурэтыщI, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и художник Хьэпышт Хьисэ.
1946 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Мысрокъуэ Мухьэмэд.
1960 гъэм къалъхуащ Инджылызым щыщ актёр цIэрыIуэ Грант Хью.
1969 гъэм къалъхуащ адыгэ сурэтыщI Гъуэгунокъуэ Мурат.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 19 - 21-рэ, жэщым градус 12 - 13 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Шэ цIывами гу шынамкIэ зегъазэ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ