Мазэ ныкъуэу уафэм лъэIэс

Куэд итхьэкъуауэ зызыщамыгъэнщI ухуэныгъэхэм ящыщщ   мазэ ныкъуэ теплъэ иIэу Дубай   щащIа унэ телъыджэр. Уафэм щIэуэу къыпщыхъу мазэ ныкъуэм и теплъэр гъэщIэгъуэнщ.  
2014 гъэм Хьэрып къэралыгъуэм ухуэныгъэхэм я проектхэм я зэпеуэм «мазэ ныкъуэр» щытекIуат. ЯпэщIыкIэ ар «Заабиль» жыг хадэм и эмблемэ ящIыну я мурадащ. 
 Transparent House американ архитектор гупрат ар зи лэжьыгъэр. «Мазэ ныкъуэу уафэм лъэIэс» проектыр занщIэу куэдым гурыхь ящыхъуат. Къапщтэмэ, а ухуэныгъэм метри 160-рэ и лъагагъщ.  Ар зи IэдакъэщIэкI архитекторхэм жаIэ  я проектым муслъымэн дунейм и нагъыщэ псори къытещу ящIыну зэрыхущIэкъуар. КъищынэмыщIауэ, «мазэм» хьэрып къэралым и щыIэкIэ-псэукIэр къигъэлъагъуэу къалъытэ. 
Ар къыщIыхахам, дауи, щхьэусыгъуэ иIэщ - къуэкIыпIэм, ислъам дунейм я дамыгъэщ. Апхуэдэуи, архитекторхэм зэрыжаIэмкIэ, абы и теплъэр технологие, экономикэ и лъэныкъуэкIэ къалэм зыужьыныгъэ зэригъуэтам и щыхьэтщ.
 Абы сабий библиотекэ, конференц-зал, шей ефапIэ, шхапIэхэр хэтщ. Ищхьэ дыдэ къатым зыплъыхьыпIэ телъыджэ иIэщи, къалэм хуиту ухоплъэ. Псом хуэмыдэу гур етхьэкъу,  мазэр жэщым зэщIэблэу щыплъагъукIэ. Ар зыщIахэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуагъэувыжахэм ящыщщ ухуэныгъэр екIу къудей мыхъуу, къалэн куэд игъэзащIэу, зыплъыхьакIуэхэри езы къэралым щыпсэухэри куэду къришэлIэныр.
Мы «мазэр» Дубай дэт адрей ухуэныгъэ  телъыджэхэм екIу дыдэу яхэуващ. Абыхэм уахэплъа нэужь, гурыIуэгъуэ мэхъу Дубай къэкIуэну лъэхъэнэм и къалэу къыщIалъытэр.

 

 

Тэрчокъуэ Дисэ.
Поделиться: