ЗэфIэкIышхуэ зиIэ щIыналъэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. и деж

ПщIэ зыхуэсщI Казбек ­Валерий и къуэ! Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэмкIэ сынохъуэхъу!
А махуэшхуэр республикэм и къэкIуэнум телэжьэнымкIэ къэралымрэ цIыхубэмрэ зэрызэкъуэтым, щалъхуа щIы­налъэм абыхэм хуаIэ ­лъагъуныгъэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм яку пщIэшхуэ зэрыдэлъым я дамыгъэщ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зыпылъ и тхыдэр етIуанэ илъэсищэм хыхьащ. Нобэ ар Урысейм и щIыналъэ зызыужьщ, хьэщIагъэ зэрылъщ, социально-экономикэ зыужьыныгъэ и лъэныкъуэкIэ зэфIэкIышхуэ зиIэщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и фIыгъуэм телэжьэнымкIэ Уэ ехъулIэныгъэщIэхэр къэпхьыну, республикэм ис псоми узыншагъэ быдэрэ фIыгъуэу щыIэм я нэхъыфIхэмрэ яIэну сынывохъуэхъу!

НОВАК Александр, Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ