ХЬЭПЦIАЩХЪУЭ

 Пхуэмыбжыным хуэдизщ унэм пцIащхъуэ абгъуэу кIэрытыр. Ахэр зыкIи ещхькъым игъащIэ лъандэрэ дызэса адрей абгъуэхэм – къуэбэбжьабэщ. ИтIанэ псом нэхъ гъэщIэгъуэныр, щхьэгъубжэ блыпкъым нэсыху дэщIеящ, ипщхьэпIэ гуэ иIэуи къыпхуэмылъагъуу.
 Куэд дэмыкIыу къызэрохьыж абгъуэр зейхэр. ЦIыв-сыв макъым пщIантIэр зэуэ зэщIещтэ, ирех иджы жыпIэу. Сыхуейт ахэр гупсэхуу зэпэсплъыхьыну. Хьэщхьэтеуэу къытлъихьа гупым гуэпагъ лъэпкъи яхэлътэкъым, я мыгъунапкъэ къызэрихьар зэхащIэ хуэдэ, напIэзыпIэм пащIэ-тхъытхъыу я абгъуэхэм зрадзэж. ХьэпцIащхъуэт ахэр. Ауэрэ сигу къокIыж, бзэрабзэу ди пщIантIэм дэса пцIащхъуэ кIэдыкъуакъуэ цIыкIухэр.
ШындэбзиймкIэ секIуэкIмэ, гуэщ бжыкъум етIысэкIауэ тест ахэр, зи унэ ирахуа зеиншафэу. Нэрылъагъут, къыздикIари къыздихуари ямыщIэу щIыпIэм къизэрыхьа я лъэпкъэгъухэм ахэр зэрыщымыгуфIыкIыр. Махуэ зыбжанэкIэ сакIэлъыплъа нэужь гу лъыстащ, ахэр зэхыхьэуи, зэщыхьэуи зэрыщымытым. Щхьэж и тIысыпIэ ищIэжу мамыру зэдэгъуэгурыкIуэрт. ХьэпцIащхъуэм утыкур щиубыдкIэ, кIэдыкъуакъуэми нэгъуэщI сытыт къыхуэнэр - дурэшым дэст.
Гъэмахуэкум нос. Десэжащ хьэпцIащхъуэхэми. КъащIэхъуа шыр цIыкIухэм я лъэтэгъуэ дахэщи, абгъуэм изэгъэжыркъым; я щхьэ цIыкIухэр кърагъэж, цыфэндыр къызытеува дамэпкъ цIынэхэр яшэщI яудыныщIэ. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, зы жэщ гуэрым къригъэжьащ, дуней къутэжу уафэгъуагъуэ уэшхышхуэ. УафэхъуэпскIымрэ щыблэмрэ зэпыууэ, щхьэгъубжэр щыIусхым гу лъызотэ, абдеж дыдэм къыкIэрыт пцIащхъуэ абгъуэ зи лъащIэр щIэмытыжым. Я лъэбжьанэ цIыкIухэмкIэ зыхаукIауэ а къэна ятIэ Iэшкуэ тIэкIум кIэрысщ шыр цIыкIуитIыр. Ар зылъагъу анэм гузэвэгъуэр телъу щхьэщыгум щоуфэразэ. Уэшхыр здемыуа адрей щхьэгъуэ блыпкъым кIэрыт абгъуэр къызэтенат.
Унэншэу къэна пцIащхъуэ шыритIыр сытемыгушхуапэурэ гъунэгъум яхэзгъэтIысхьащ. Абыхэми езым я шыр зыбжанэ яIэжт, яхэзгъэтIысхьахэр къазэрыщыхъунури сщIэртэкъым.
 Абгъуэр зейхэр къолъэтэж, зэрахабзэу, шхыныр яжьэдэлъу. ЯхэзгъэтIысхьа хамэ шырхэм хьэргъэшыргъэ къращIылIэмэ жызоIэри, сэри сахуосакъ. АрщхьэкIэ, гъунэгъухэм я гущIэгъур гъунапкъэншэт: езыхэм ейм хуэдэу ягъашхэ, зыхэс шырхэми къызыхахуну хэтыххэкъым. Я анэми хуэмурэ абыхэм гъусэ захуищIыжри, шыр псори лъатэ хъуху зэдапIащ.
Бжьыхьэр къэсу, хьэпцIащхъуэхэр лъэтэжа нэужьщ, нэщI къэхъуа я абгъуэхэр зэрытIасхъэ дыдэм гу щылъыстар. Ахэр къызыхэщIыкIар пшахъуэ защIэт, зы шхи закъуи хэмылъу. Арат уэшхым тыншу щIилъэсари. Абдеж мурад сщIащ адрей абгъуэ къэнахэри къескъутэхыну. Арыншауи хъунутэкъым. Абгъуэр кIэрытых-хьэпцIащхъуэхэм къытрагъэзэнут, апщIондэху я унэр уэшхым илъэсынут.
КъыкIэлъыкIуэ гъатхэр къэсри, хьэпцIащхъуэхэми къытрагъэзащ. Абгъуэхэр къызэрескъутэкIами зыкIи къызэтрагъэувыIакъым ахэр-щIэрыпсу ящIу хуежьащ. Сэри апщIондэху семызэшу къескъутэхырт. Апхуэдэу куэдрэ дызэпэщIэта нэужь, ерыщу къызэныкъуэкъуа хьэпцIащхъуэхэр хьэпцIащхъуэхэр сытми икIуэтащ. Сэри сазэрыпэлъэщам срогуфIэ. АрщхьэкIэ, «хьэпцIащхъуэу сыкъагъэпцIауэ» къыщIокI. Махуэ зытIущкIэ сщхьэщыкIуэт хуэдэу защIри, пщэдджыжь гуэрым нэху къекIащ, зэщIэлыдэу ди хъуреягъыр абгъуэкIэ къещIэкIауэ. Ар дауэ?.. Дыгъуасэ пшапэр щызэхэуэм, псори къабзэлъабзэу щытащ. Щыхунэсари дапщэщ?-схузэгъэзахуэркъым. КъызэрыщIэкIымкIэ, хьэпцIащхъуэхэр кIыфI хъуху къызэжьэщ, сагъэбэлэрыгъри, гуэщ уэздыгъэ нэхум хэту жэщ псом елэжьауэ арат. ИлъэситкIэ апхуэдэу къызэкIэлъыкIуащ ахэр. ИужькIэ къытрагъэзакъым. Утыкур хуэмурэ зыгъуэтыжа кIэдыкъуакъэ цIыкIухэрщ иджы бзэрабзэу пщIантIэм щыпэкIур. Къыр лъагэхэмрэ къалэкIуэцIхэмрэ зи тIысыпIэу игъащIэ лъандэрэ къекIуэкI хьэпцIащхъуэхэми зэхащIэгъэнщ щIыуэпсым и хабзэм текIу зэрымыхъунур.

Лъостэн Музэ.
Поделиться: