Театрыр и дунейщ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артисткэ пажэ Пащтыкъ (Болэ) Анфисэ ящыщщ зи лэжьыгъэм гурэ псэкIэ пэрытхэм, абы къыхих гукъыдэжымкIэ зи псэ зыгъэнщIыжхэм. Анфисэ актрисэ хъуну ехъуапсэрт зэрысабийрэ. 
- Сабий садым сыщIэст иджыри, ерагъыу зэпызгъэувэурэ «актрисэ сыхъуну сыхуейщ» щыжысIэм. Къызыхэсхари сщIэркъым ар. Ди унагъуэми си хъуреягъми а IэщIагъэр зиIэ яхэттэкъым. Усэ къеджэнкIэ, уэрэд жыIэнкIэ, теплъэгъуэ цIыкIухэм хэтынкIэ сыжыджэрт. Си анэм жеIэж: «Сабий садым узыхэс гупым зэрагъэщIэну ират усэу хъуар уи гум щIэхыу ибубыдэрт», - топсэлъыхь ар и сабиигъуэм.
Зэгуэр, еджакIуэ цIыкIухэм яхэту Анфисэ Налшык къашауэ, и егъэджакIуэм къригъэлъэгъуат Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэи институтыр. «Мес уэ узыщIэтIысхьэну еджапIэр!» - къыжриIат. 
- Илъэс 13-м сит хъунт абы щыгъуэ. Абдеж щыщIэдзауэ институтым и теплъэр си нэгум щIэтащ, - къегъэкIыж игу абы. 
Курыт еджапIэр къыщиухым, «ГъуазджэхэмкIэ институтым сыщIэтIысхьэнущ, актрисэу седжэнущ, IэщIагъэу абы фIэкIаи сыхуейкъым», - яжриIащ и адэ-анэм. «Бзылъхугъэ IэщIагъэкъым» жиIэу зымыда и адэми хуит зыкъригъэщIри, щIэтIысхьащ и нэ къызыхуикI еджапIэм. Теувэж СулътIан и гупым хэхуащ. ХъыджэбзитI фIэкIа яхэттэкъым гупым, адрейхэр щIалэт. Анфисэ старостэт. Спектакль щагъэувхэм деж, СулътIан Iэмал хуекIуэрти, зы пьесэм щыщу роль тIурытI яритырт хъыджэбзитIым. Экзамен щаткIэ, ари къыхалъытэрт хуагъэув баллхэм. 
- Апхуэдизу институтыр къыспэзыубыду щыта си адэр, абы сыщIэтIысхьа нэужь, зыкIэ гушхуэжати сэркIэ! ЕхъулIэныгъэхэр сиIэ хъуат, си щытхъу куэдрэ зэхихырт. «Диплом плъыжькIэ къэбухынущ, пэжкъэ?!» - жиIэрейт. Диплом плъыжь сэ апхуэдэуи си нэрыгътэкъым. Ауэ си адэр апхуэдизу щысхуэхъуапсэкIэ, зыIэрызгъэхьэну мурад сщIат. Экзамен тыгъуэхэр къэсарэ сыгузавэу илъэгъуамэ, «Сыт уэ ущIэгузавэр, сэ сощIэ уэ тху защIэ къызэрыпхьынур», - жиIэрт. Сыстуденту зэгуэр «Горянкэ» газетым си сурэтыр къытрадзат. Си адэр а зэманым пощтзехьэти, газетыр япэу къыIэрыхьащ, дауи. Щигуэшыжым, «мыр ди хъыджэбзращ», жиIэурэ яригъэлъагъурт зыхуихьхэм, - игу къегъэкIыж актрисэм.
И адэр зыщIэхъуэпса диплом плъыжьыр иIэу къиухащ институтыр. Нэхъри и IэщIагъэм хуэпабгъэ хъуащ. 
- СщIэрт а IэщIагъэм сэр папщIэ щэху Iэджи зэрыщытIыгъуэр, щIэщыгъуэ куэд зэрыщыгъэпщкIуар, си щIэныгъэм хэзгъэхъуэн зэрыхуейр. ИкIи сыхуэхьэзырт, гукIи псэкIи зыхуэсшийуэ, - жи. 
Анфисэ институтыр къиухын гъунэгъу хъуауэ, Фырэ Руслан адыгэ драмтеатрым Лохвицкий Михаил и «Уафэгъуагъуэ макъыр» пьесэу щигъэувырт. Абы щагъэджэгуну бзылъхугъэ ныбжьыщIэ къыхахын хуейт. Теувэж СулътIан яжриIэри, а бзылъхугъэм и ролыр Анфисэ къратащ. И дипломыр къызэрыIэрыхьэжуи, адыгэ театрыр лэжьапIэ хуэхъуащ. 
- Илъэс 18 мэхъу театрым сызэрыщылажьэрэ. Сигуми си псэми дохьэ си IэщIагъэр. Зэлэжьэгъухэр гуапэу дызэхущытщ, - жеIэ Анфисэ. 
Пащтыкъ Анфисэ роль игъэзащIэхэр фIыуэ елъагъу, театреплъым лIыхъужьхэр яригъэцIыхун фIэфIщ. Ар щыджэгуащ «Кхъужьеибэ», «Псэлъыхъухэр», «Караман и фызышэ», «Гуащэмыдэ хьэблэ» спектаклхэм, нэгъуэщIхэми. 
- Ди цIыхухэм нэхъ яфIэфIщ адыгэ гупсысэм тет, адыгэ шыфэлIыфэ, хабзэрэ бзыпхъэрэ къыщыгъэлъэгъуа, гушыIэ дахэ зыхэт спектаклхэр. Къапщтэмэ, сэ роль зэхэдз сщIыркъым, дэтхэнэми сыпэлъэщын хуейщ. Си лэжьыгъэр къыздэзыIыгъ, схуэзыгъэдахэ цIыху гъащIэ гъусэ схуэхъуащ. Си дэтхэнэ ехъулIэныгъэми щыгуфIыкI си щхьэгъусэм нэхъри сегъэгушхуэ, - жеIэ и ролхэм ятеухуауэ.
 Пащтыкъ (Болэ) Анфисэ насыпыфIэщ. ЖеIэ:
- Дунейм укъытехьэу гъащIэ къэбгъэщIэныр насыпщ езыр. Ауэ пыухыкIауэ сытым нэхъ хэплъагъуэрэ уи насыпыр жыпIэмэ, дауи, унагъуэрщ. Унагъуэ насыпым нэхъ лъапIэ щыIэкъым си дежкIэ! 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: