Урысейпсо видеозэIущIэм

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат фокIадэм и 15-м «Сколково» инновацэ IуэхущIапIэм къип­сэлъыкIыу иригъэкIуэкIа видеозэIущIэм ­хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Хуснуллиным утыку кърихьащ къэралым ухуэныгъэмрэ ЖКХ унэтIыныгъэмкIэ 2030 гъэ пщIондэ щрагъэкIуэкIыну зэхъуэкIыныгъэхэр. Ахэр яубзыхуащ къэрал унафэщIхэм къагъэува къалэнхэр, унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ лэжьакIуэхэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэмрэ щIыналъэ къулыкъущIэхэм къыхалъхьа Iуэху еплъыкIэхэмрэ тегъэщIапIэ ящIу.
КъищынэмыщIауэ, зэIущIэм щытепсэлъыхьащ лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэм. Псом хуэмыдэу ухуэныгъэр къыхагъэбелджылыкIащ. КъулыкъущIэм къыхигъэщащ республикэхэм сыт и лъэ­ныкъуэкIи зегъэужьыным щIыналъэ Iэтащхьэхэм я гулъытэ псори хуаунэтIын зэрыхуейр. Абы папщIэ иджырей технологиехэмрэ, къэ­рал щIыбым къраш мыхъуу, Урысей Федерацэм къыщыщIагъэкI Iэмэпсымэхэмрэ продукцэмрэ нэхъ трагъэщIэну жиIащ Хуснуллиным.
КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм къыщыщыпсэлъам къыхигъэщащ щIыналъэхэм ухуэныгъэхэр зэрыщрагъэкIуэкI Iэ­малхэмрэ ЖКХ-м зегъэужьынымрэ мыхьэнэшхуэ зэрыратыр.
- Къалэн нэхъыщхьэу УФ-м и Президентым къытхуигъэувар цIыхухэм я щыIэкIэ-псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ. Быдэу си фIэщ мэхъу а къалэным Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр зэрыпэлъэщынур, - къыхигъэщащ щIыналъэм и Iэтащхьэм.

Поделиться: