Диным хэгъэзыхь хэлъкъым!

              Ираным  Iэуэлъауэшхуэ  щокIуэкI.  ЦIыхубзхэм  зыкъаIэтауэ, я щхьэфIэпхыкIхэр  ягъэс. Сыт  къэхъуар?

         ФокIадэм и I3-м  курд лъэпкъым  щыщ Iэмини Махсэ я благъэхэм я деж Тегеран  хьэщIапIэ къэкIуащ. Илъэс  22-рэ  ныбжьым ит хъыджэбзым, зэрыжаIэмкIэ, IэлъэщI телът, ауэ  и щхьэцыр  къыщIэщырт. Къэралым щылажьэ «Хабзэм кIэлъыплъ»  полицэм  хъыджэбзыр  тутнакъэщым ишэри, удын къытрилъхьащ. ЗэрыжаIэжымкIэ, махуищкIэ яIыгъа Махсэ фэбжь телъхьэм къагъэлъэгъуащ  абы  къарукIэ зэреныкъуэкъуар. Ещанэ  махуэм  хъыджэбзыр  щIалъхьащ.

          Полицэм зэрызиухеижым  тепщIыхьмэ, Махсэ къызэраубыду къэмэхат. Ар зыщIаша, хъыджэбзхэм  IэлъэщI зытелъхьэкIэ  щрагъащIэ  зэхуэсым    зыри  къыщращIакъым  пщащэм. Сымаджэщым  ямышэу щIэмыхъуа  щхьэусыгъуэм теухуауи  зыгуэрхэр  къагупсысащ.  Щыхьэтхэми благъэхэми зы жьэу  жаIэ хъыджэбзыр  зэраубэрэжьар, и лIэныгъэри абы къызэрыхэкIар.

          Iэмини  Махсэ  Курдистан щIыпIэм хыхьэ  Саккез къуажэм къыщалъхуа, Ираным  щыщ  хъыджэбзщ. КъыщIаубыдам и щхьэусыгъуэр I979 гъэм екIуэкIа революцэм  щегъэжьауэ, Ираным ис цIыхубз псоми IэлъэщI зытралъхьэну  хабзэ  укъуэдия  зэрыщыIэрщ.  «Хабзэм кIэлъыплъ» полицэр  2005  гъэ  лъандэрэ  щхьэхуэу мэлажьэ. Абы хэтхэм я къалэнщ цIыхухэм диным  тету зэрагъэхуэпэныр, хамэ къэралхэм щыщхэм якIэлъыплъыныр.  ЯIэщIэщIа  икIагъэм  я  щхьэр зэрыхахыну  къагъуэта псалъэухахэр сыт хуэдэ жыпIэмэ, «хъыджэбзым  и IэлъэщIыр зэрыщытыпхъэм  хуэдэу  быдэу  телътэкъым».

         «Хабзэм  кIэлъыплъ»  полицэм  и лэжьакIуэхэр  судым  ирата щхьэкIэ, къэралым  къыщыхъея  Iэуэлъауэм   кIуэ пэтми нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ зеубгъу.  ЦIыхубзхэм  я IэлъэщIхэр зытрахыурэ  утыкум  щагъэс. Махуэ зыбжанэ хъуауэ цIыхухэр  я унэм щIэзэгъэжыркъым, я лIыщхьэхэм я сурэтхэри блынхэм къыфIатхъ.    

        Ираным щызэрахьэ ислъам къудамэр шиит къуэпсым хеубыдэ. ИтIани, «диным хэгъэзыхь хэлъкъым»  псалъэухар зэрымыт  КъурIэн щыIэкъым.

        Хъыджэбзым кIэлъызэрахьа  гущIэгъуншагъэр  мафIэ къызэщIэгъэстыпIэ  яхуэхъуауэ,  къэралыр  къаугъэ  нэхъ гуащIэм зэрыхыхьэр иужьрей махуэхэм нэхъри нэхъ  нэрылъагъу мэхъу.

 

                                                                                           

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: