ЗэпыщIэныгъэхэр ирагъэфIакIуэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щыхьэщIащ Къэрал Эрмитажым и унафэщI Пиотровский Михаил.

ХьэщIэр ирагъэблэгъащ КъБКъУ-м и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэрэ «Эрмитаж – Кавказ» центрым и унафэщI Сэралъп Альбертрэ. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ КъБКъУ-м и жьауэм щIэту лэжьэну «Эрмитаж - Кавказ» щэнхабзэ-егъэджэныгъэ центрым и къызэгъэпэщыкIэ хъунум, ар зытелэжьыхьынум, ипэ ирагъэщыну Iуэхугъуэхэм, жэрдэмхэмрэ пэхуэщIэхэмрэ зэщIа хъун папщIэ къешэлIапхъэхэм.

Абы къищынэмыщIауэ, Пиотровский Михаил Къэрал Эрмитажым и экспозицэу Налшык щагъэлъэгъуэнум епха Iуэхугъуэхэр зэпэщ зэрыхъуми зыщигъэгъуэзащ. «Эрмитажым и махуэхэр – Кавказ Ищхъэрэм» зыфIаща гъэлъэгъуэныгъэр КъБКъУ-р къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 90 щрикъум ирихьэлIэу ирагъэкIуэкIыну я гугъэщ. ЩэкIуэгъуэм и 12 - 14-хэм зэхэтыну гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм Къэрал Эрмитажым и гъэтIылъыгъэхэм щыщу ди щIыналъэм и тхыдэр, и щэнхабзэр, и дуней тетыкIэр къызытещ хъугъуэфIыгъуэхэр ягъэлъэгъуэнущ, абыхэм ехьэлIа лекцэхэм къеджэнущ, Iэнэ хъурейхэр ирагъэкIуэкIынущ.

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым илъэс зыбжанэ хъуауэ «Эрмитажым и махуэхэр – Кавказ Ищхъэрэм» программэм зыхуегъэхьэзыр, абы папщIэ Iуэхугъуэ хъарзынэхэри зэфIигъэкIащ. Псом нэхърэ нэхъ гукъинэж цIыхум ящыхъуащ лъэныкъуитIым къыхалъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ Сокъур Александр и творческэ лъэщапIэм и гъэсэнхэм Къэрал Эрмитажым теухуауэ траха фильмыр. Ар япэ дыдэу ягъэлъэгъуауэ щытащ 2016 гъэм.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: