Зи чэзу зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэ

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм щыхэплъа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. 

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Курортхэмрэ туриз­мымкIэ и министерствэм и хабзэхэм я 4-нэ Iыхьэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным» теухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м курортхэмрэ ­туризмымкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Шаваев Ис­лъам. ЗэхъуэкIыныгъэхэр къишащ КъБР-м туризм Iуэхум теухуа и законым зэрызихъуэжам. Курортхэмрэ туризмымкIэ минис­терствэм экскурсоводхэмрэ тэрмэшхэмрэ якIэлъыплъыну гуп ­игъэбелджылыну, экскурсоводхэмрэ тэрмэшхэмрэ УФ-м и реестрым хригъэтхэну хуит хъуащ. 
КъБР-м и цIыхухэр псэупIэрэ коммунальнэ IуэхутхьэбзэкIэ къы­зэгъэпэщыным тещIыхьа къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхалъхьэм къытеувыIащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-ком­мунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим. 
Ар теухуащ муниципальнэ, щIыналъэ программэхэр зэрагъэ­зэщIэну мылъкур 2022 гъэм тещIыхьауэ гъэбелджылыным. 2022 гъэм КъБР-м и Правительствэм цIыхухэр псыкIэ къызэрагъэпэ­щын папщIэ, республикэм и бюджетым къыхихри, щIыналъэхэм я мылъкум яхухилъхьащ сом 623 380-рэ. Iуэхум текIуэдэну мылъ­- кум и процент 50 мынэхъ мащIэ щIыналъэхэм халъхьэжын хуейщ абы. Зэхэту а Iуэхум текIуэдэнущ сом мелуанрэ мин 246,760-рэ. 
Къат куэду зэтет унэхэр зыхуей хуагъэзэн папщIэ абыхэм щыпсэухэм 2023 - 2025 гъэхэм нэхъ мащIэ дыдэу зэхалъхьэн хуей ахъшэр ягъэбелджылащ. Мазэм къриубыдэу 2023 гъэм зы метр зэбгъузэнатIэм хуэзэу ятын хуейщ соми 7-рэ кIэпIейкIэ 15-рэ, 2024 гъэм - соми 8-рэ кIэпIейкIэ 23-рэ, 2025 гъэм - соми 9-рэ кIэпIейкIи 5-рэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм пщIэншэу медицинэ дэIэ­пыкъуныгъэ етынымкIэ 2022 гъэмрэ къыкIэлъыкIуэ 2023 - 2024 илъэсхэмрэ тещIыхьа къэрал программэм щIэуэ халъхьэнухэм ­теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м узыншагъэр хъумэ­нымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. ЗэхъуэкIыныгъэхэр ехьэлIащ медицинэ IуэхущIапIэ щхьэхуэхэм я фIэщыгъэцIэр зэрахъуэжам, компьютер томографием, короновирусыр къызэрахутэ тестхэм цIыхухэр нэхъыбэу хуэныкъуэ зэрыхъуам, нэгъуэщIхэми. 
КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэ­дзэ Мокаев Ачемиз щIэныгъэ гуэдзэн зэзыгъэгъуэтхэм я бжы­гъэр республикэм щыхэгъэхъуэным и IуэхукIэ къэпсэлъащ. Абы ­теухуа проектыр къыхилъхьащ КъБР-м и Правительствэм. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым Республикэм щыIэ лэжьыгъэ IэнатIэхэм я коэффицентыр къызэрапщытэ Iэмалым зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ. Ахэр ягъэбелджылащ Урысей Федерацэм и ­налог кодексым тету. Правительствэм къыхилъхьа проектыр ­игъэнэIуащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу къащхьэщыжынымкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Ацкъан Ратмир. Ар къытеувыIащ республикэм и цIыхухэм ахъшэкIэ ядэIэпыкъуным теухуауэ Правительствэм игъэбелджыла проектхэми. Ахэр ехьэлIащ Украинэм щекIуэкI Iуэхухэм фэбжь хэзыха ­зауэлIхэм зэрадэIэпыкъум. 
 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: