НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 4

гъубж

Псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ

Урысейм и Дзэ-Хьэрш къарухэм я махуэщ

УФ-м и МЧС-м граждан зыхъумэжыныгъэмкIэ и дзэхэм я махуэщ

1916 гъэм  и лъабжьэр ягъэтIылъащ Романов-на-Муроме къалэм. Совет властыр ува нэужь абы и иджырей цIэр – Мурманск фащащ. 1985 гъм абы «къалэ-лIыхъужь» цIэр фIащащ.

1921 гъэм РСФСР-м и Къэрал банкыр къызэрагъэпэщащ.

1957 гъэм СССР-м хьэршым иутIыпщащ ЩIым и япэ IэрыщI спутникыр.

1964 гъэм Москва къыщызэIуахащ «Хьэршым нэсыфахэм я щIыхькIэ» зыфIаща фэеплъыр.

1986 гъэм «Iуащхьэмахуэ» лъапэ къэрал лъэпкъ паркыр къызэрагъэпэщащ.

1957 гъэм къалъхуащ журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Къумахуэ Аслъэн.

1968 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретарь Къаншокъуэ Эллэ.

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 14-15, жэщым градус 13-14 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Акъылыр къалэнкъым, хабзэр убзэнкъым.

 

 

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ