Бэв хъун Тхьэм къуит

Ахэр зыбжанэу зэщхьэщокI. Хъуэхъу-сэламыр цlыхур зэлэжьу зыпэрыт IэнатIэм теу¬хуауэ ях. Сэламыр зытыр бгъэдыхьэрщ, къеIызыхыy жэуапыр зытыжыр лэжьыгъэ зыщIэу IэнатIэм пэрытырщ. Абы къыхэкlыу адыгэм лэжьыгъэм тещIыхьа тыкlэ зэхуэмыдэхэри иlащ.
Зыбгъэдыхьар вэуэ ирихьэлlамэ:
- Бов апщий! - жреIэ. Абы къикIыр - «увэм къыте¬кlэр бэв Тхьэм ищI!» - жыхуиlэщ.
- Бэв хъун Тхьэм къуит, фIыкlэ пшхыжыну! - къы¬жреlэж.
Зыбгъэдыхьар мэкъу еуэу, гуэдз е мэш къихыу, нар¬тыху къыдичу ирихьэлlамэ:
- Шхуошх апщий! - жреlэ. Абы къикIыр - «еншэу ушх!» - жиIэу аращ.
- Еншэу пшхын Тхьэм къуит! - къыжреIэж.
Зыгуэр къищэхуу ирихьэлlамэ:
- Хъер пхухъу, е угъурлы тхьэм пхуищI! - жреlэ.
- Хъер хъун Тхьэм къуит! - къыжреlэж. Зэхъуэхъуар нэхъыжьмэ, «жьыщхьэ махуэ ухъу!»- жеIэри дыщlегъур. Е ехъуэхъур нэхъыщIэмэ:
- Насыпыфlэ ухъу! - жеlэри дыщlегъу.
Зыгуэр ищэу ирихьэлlамэ:
- Уасафlэ тхьэм пхуищl! - жреlэ. Ари ехъуэхъуам и ныбжь елъытакlэ къохъуэхъужыр.
Зыбгъэдыхьар Iэщыхъуэу, е Iэщ щаlыгъ уэтэру щытмэ:
- Бохъу апщий! - жреlэ. Абы къикlыр - «уи Iэщыр Тхьэм пхуигъэбагъуэ, куэд Тхьэм пхуищI», - жыхуиlэщ.
 - Куэд хъун Тхьэм къуит! - къыжреlэж.
 Зыбгъэдыхьар Iуэуэ хьэмым тетмэ:
- Хьэмбов апщий! - жеlэ.
- Бэв хъун Тхьэм къуит! - къыжреlэж.
Iэщ гуэр иукlыу е зэlихыу ирихьэлIэмэ:
- ФIыкlэ фышх е фIыкlэ Тхьэм фигъэшх! - жреlэ.
- ФIыкlэ пшхын тхьэм къуит! Еблагъэ, ди ныш хьэзырщ! - къыжреlэж.
Гуп уэршэрым ябгъэдыхьамэ:
- Уэршэр фlохъу апщий! - яжреlэ.
- Тхьэр арэзы къыпхухъу, къеблагъэ, удгъэуэршэрынщ! - къыжраlэж.
Пщэдджыжьым зэрихьэлlамэ:
- Пщэдджыжьфlохъу апщий! - жреlэ.
- ПщэдджыжьыфI Тхьэм къуит! - къыжреlэж.
Махуэу зэрихьэлlамэ:
- Уи махуэ фlы ухъу! - жеIэ.
- МахуэфI Тхьэм къуит! - къыжреIэж.
Пщыхьэщхьэу зэрихьэлlамэ:
- Пщыхьэщхьэфlохъу апщий! - жреIэ.
- Пщыхьэщхьэфl Тхьэм къуит! - къыжреlэж.
Илъэсыщlэр къихьауэ щызэхуэзэкlэ:
- Етlанэгъэ фIыкlэ унэс, илъэсыщlэр угъурлы Тхьэм пхуищI! - жаlэри зохъуэхъухэр.
ПщlыхьэпIэ зылъэгъуам пщэдджыжьым гу нэщIу и пщlыхьэпIэр иlуатэркъым.
«Пщlыхьэпlэ слъэгъуащ», - жиIэмэ:
- Хъер ухъу уи пщIыхьэпlэр! - жраIэ.
IуэхуншитI зэрихьэлIамэ, нэхъыщIэм:
- Уи махуэ фIы ухъу! - жеIэ.
- МахуэфI Тхьэм къуит! - къыжреIэж.
Гуп уэршэрым яблэкI лIы гъуэгурыкIуэм:
- Сэлам алейкум! - яжреIэ. «Сэламым» къикIы𠬫Къайгъэншэу, мамыру фыпсэу!» жыхуиlэщ, езыр хьэрып псалъэщ.
- Уахьэлейкум сэлам! - къыжраlэж. «Уэри мамыру Тхьэм уигъэпсэу» жыхуаIэщ.
Пщыхьэщхьэм гъунэгъум е хамэ унагъуэ щIэсауэ къы¬щыщIэкIыжкIэ:
- НэхулъэфI фыкъикI! - яжреIэ.
- Уэри укъикI, жьыщхьэ махуэ ухъу е насыпыфIэ ухъу! - жраIэ и ныбжьым елъытауэ.
Бацэ трахыу, е цы ящу ирихьэлIэмэ:
 - Бощ апщий! - жраIэ.
- Бэуэ къэпщын Тхьэм къуит! Е бэ Тхьэм къуигъэщ! - къыжраIэж.
Бжыхь яхуу е псэуалъэ гуэрхэр ягъэуву ирихьэлIэмэ:
- Бжэгъулъэ махуэ апщий! Псэуалъэ угъурлы тхьэм фхуищI! - жраIэ.
- Жьыщхьэ махуэ ухъу! - къыжраlэж, ар нэхъыжьу щытмэ. Ауэ къайхъуэхъуар нэхъыщlэу щытмэ:
 - Насыпыфlэ ухъу! - къыжраlэж.
lэщышхуэ е lэщ цlыкlу къахэхъуауэ ирихьэлlэмэ:
- Хъер Тхьэм фхуищl, минкlэ Тхьэм фхуигъэбагъуэ! - жраlэ.
- Хъер хъун Тхьэм къуит! - къыжраlэж. Мафlэм пэрысу ирихьэлlэмэ:
- Мафlэхъу апщий! - жраlэ.
- Упсэу апщий! Е жьыщхьэ махуэ ухъу, еблагъэ, е насыпыфlэ ухъу! - къыжраlэж.
Сымэджауэ къэтэджыжам ирихьэлlэмэ:
- Лъапэ махуэ къыухьэжьэж! - жраlэ. Къехъуэхъуар нэхъыжьмэ:
- Жьыщхьэ махуэ ухъу! - къыжраlэж. Ауэ къехъуэхъуар нэхъыщlэмэ:
- Насыпыфlэ ухъу! - жаlэ.
Гъуэгу теувэм:
- Гъуэгу махуэ! - жраlэ. Къехъуэхъуар нэхъыжьмэ:
- Тхьэр аразы къыпхухъу, жьыщхьэ махуэ ухъу! - жраlэ. Нэхъыщlэмэ:
- Насыпыфlэ ухъу! - жраlэ.
Гъуэгу тетар къэсыжамэ:
- Фlэхъусыж! - жраlэ. ФIэхъусыжыр жезыlэр нэхъыжьмэ:
- Жьыщхьэ махуэ ухъу! - жреlэж. Ауэ нэхъыщlэмэ:
- Насыпыфlэ ухъу! - жреlэж.

Поделиться:

Читать также:

03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ