ЗэбгъэтIылъэкI мыхъуну Iуэхухэр

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ Iуэху зыбжанэм щыхэплъа зэIущIэ.

Иджырей технологиехэм елэжьхэм республикэм и къэрал мылъкум хыхьэ Iуэху­щIапIэхэр бэджэнду къыщащтэкIэ ятыну уасэм теухуа проектым тепсэлъыхьащ ­КъБР-м щIы, мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ и министр Тэхъу Аслъэн. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, унэ е пэш бэджэнду къэзыщтэхэм ятынущ къекIуэкI уасэм и процент 50.
Унагъуэ зыухуагъащIэхэм «ПсэупIэ зэзыгъэпэщхэм ядэIэпыкъун» программэм хэту унэ къыщащэхукIэ муниципалитетхэр къа­зэ­рыдэIэпыкъум республикэ бюджетым щыщ ахъши хухалъхьэнущ. Ар гъэзэщIа ­хъунущ «КъБР-м и цIыхухэр псэупIэрэ коммунальнэ IуэхутхьэбзэкIэ къызэгъэпэщын» къэрал программэу 2022 гъэм тещIыхьам хэту. Программэм къриубыдэу зыдэIэпы­къунухэм хагъэхьэжащ Солдатскэ, Къэщкъэтау къуажэхэм, Тырныауз къалэм дэс унагъуэщIэ щхьэхуэхэр.
«Псы къабзэ» проектым тету КъБР-м псы кIэнауэхэр 2023 - 2024 гъэхэм щыухуэным тещIыхьауэ ягъэбелджыла мылъкур 2022 гъэм къагъэсэбэпынущ. Республикэм цIыху­хэр нэхъ пасэу псы къабзэкIэ къызэгъэпэща щыхъунущ абы и фIыгъэкIэ. Iуэхум теу­хуауэ къэпсэлъащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим. ЗэхъуэкIыныгъэхэм тету республикэр псыкIэ къызэгъэпэщыным сом мелуани 130-рэ мин 481-рэ текIуэдэнущ. Абы щыщу федеральнэ мылъкум къыхэкIынущ сом мелуани 128-рэ 766-рэ, республикэм ейуэ - сом мин 653-рэ, щIыналъэм и мылъкуу сом зымелуанрэ мин 71-рэ къагъэ­сэ­бэпынущ. АхъшэмкIэ яухуэнущ псым епха IуэхущIапIэ 13.
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам зэIущIэм къы­щы­п­сэ­лъащ республикэм къыщащта «КъБР-м узыншагъэр хъумэным зыщегъэужьын» къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэ­ры­халъхьэм теухуауэ. Абы пыухыкIауэ зи ­гугъу ищIар фошыгъу уз зыпкърыт сабийхэм я лъым хэт глюкозэр къызэрапщ медицинэ Iэмэпсымэу сом мелуани 10 и уасэ къызэращэхунурщ.
КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор игъэбелджылащ республикэм и къэрал еджапIэхэм щыла­жьэ­хэм я улахуэр зэрырат щIыкIэм игъуэтыну зэхъуэкIыныгъэхэр. ЕгъэджакIуэхэм я у­лахуэр къаIэрыхьэнущ тхьэмахуэм хуэзэ сыхьэт 18-м тещIыхьауэ. Улахуэм теухуауэ щыIэну зэхъуэкIыныгъэхэм текIуэдэнущ ­ре­с­­­публикэм и мылъкум щыщу сом мелуан 231-рэ.
ЗауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ республикэр зэрадэIэпыкъунум и IуэхукIэ къэпсэлъащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алим. КъБР-м и Правительствэм иубзыхуащ Украинэм щекIуэкI Iуэхухэм хэтхэм зэрадэIэпыкъуну щIыкIэр. Мазэ къэс сом мин 25-рэ иратынущ абы щыIэм. ЗауэлIыр уIэгъэ хъумэ, сом мини 100, уIэгъэ хьэлъэ ­хъумэ - сом мин 300, хэкIуадэмэ, и унагъуэм сом мелуан иратынущ.
ЗэIущIэм къыщащтащ псэуным теухуауэ гугъу ехь унагъуэхэм зэрадэIэпыкъуну Iэмалхэр щыгъэбелджыла проектищи.

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: